«Акрополь» хьэщIэщым мэлыжьыхьым и 22-м щыпащащ ди щIыналъэм къыщагъэщIэрэщIэжа «Зэныбжьэгъугъэ» щIалэгъуалэ Iуэхум и зи чэзу Iыхьэм. Абы хэтыну щIалэхэм ящIыгъуащ я Iыхьлыхэри. КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщ мы Iуэху щхьэпэр и хэлъхьэныгъэфIщ 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэрагъэувам теухуауэ къэралым щызэфIагъэкIхэм.
2009 гъэм япэу ирагъэжьауэ щыта мы Iуэхум хэтат Аргудан, Гундэлэн къуажэхэм щыщ унагъуий. 2025 гъэм абы къыхашащ хамэ къэралхэм щыпсэу лъэпкъхэри. Илъэс 17-м къриубыдэу мы лэжьыгъэм зэрызиубгъуам и щыхьэтщ ныбжьыщIэ 500-м щIигъу абы зэрыхэтар. Фигу къэдгъэкIыжынщи, мы Iуэхур зэрырагъажьэрэ КъБР-м, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэм, УФ-м, хамэ къэралхэм щыпсэу ныбжьыщIэ куэд къуэш зэрыгъэхъуащ, унагъуэкIи зэкIэлъокIуэ. Абы хэтщ илъэс 14-м щыщIэдзауэ 17-м нэс зи ныбжь щIалэхэр. Иужьрейм къыхашащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ, къалэ псоми щыщхэр. Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм я мурадщ зэгурыIуэу, зым и хабзэм адрейм пщIэ хуищIу къэгъуэгурыкIуэ Кавказым ис лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм зрагъэубгъуну, ижь-ижьыж лъандэрэ Кавказым щызекIуэ хьэщIагъэ хабзэ дахэр нэхъыжьхэм щIэблэм къыхуагъэнэну. Бзэ, хабзэ, дин зэмылIэужьыгъуэхэр зезыхьэ лъэпкъхэр мыпхуэдэ Iуэхум зэкъуегъэувэ, пщIэ зэхуащIу ирегъасэ.
ХьэщIапIэ кIуэну щIалэхэмрэ абыхэм бысым яхуэхъунухэмрэ чэзууэ утыкум кърашэурэ зэрагъэцIыхуащ. Иджырей Iуэхум щIалэ 18 хэтщ. Япэу ирагъэблэгъащ Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Бабугент къуажэм щыщ, 10-нэ классым щеджэ Ульбашев Артуррэ Аруан щIыналъэм хыхьэ Джэрмэншык къуажэм щыпсэу, 10-нэ классым щIэс Джыназ Алихъанрэ. КIэлъыкIуэу зрагъэцIыхуащ Тэрч щIыналъэм и Дей къуажэм щыщ, 10-нэ классым щеджэ Джэурджий Иналрэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и Кичмалкэ къуажэм щып-сэу, 8-нэ классым щIэс Кумаров Мухьэмэдрэ, Май щIыналъэм и Май къалэм щыщ Горбунин Романрэ Тэрч щIыналъэм и Урожайнэ къуажэм щыпсэу Къущхьэунэ Елдаррэ. ЯфIэфI Iуэхугъуэхэм, щапхъэу къалъытэ цIыху цIэрыIуэхэм, еджэным къыщыдэхуэкIэ зыгъэпсэхугъуэ зэманыр зэрагъакIуэм, фIыуэ ялъагъу шхыныгъуэхэм, къыхахыну IэщIагъэм, нэгъуэщIхэм ятеухуа упщIэ зыбжанэ щратым, гурыIуэгъуэ хъуащ ахэр шым, спортым и унэтIыныгъэхэм зэрыдахьэхыр, Олим джэгухэм я чемпион хъуахэм, спортым къыхэжаныкIа щIалэхэм зэрыдэплъейр. НыбжьыщIэхэм хуагъэбелджылы хабзэхэр зэрыт тхылъ цIыкIумрэ («Нэхъыжьхэм пщIэ яхуэщI, нэхъыщIэхэм щапхъэ егъэлъагъу», «НэгъуэщI лъэпкъхэм я щэнхабзэхэм, хабзэхэм, диным пщIэ хуэщI», «Мамырыгъэмрэ ныбжьэгъугъэмрэ лъытэ», «Уи хьэщIэр уи къуэшщ», «Бысымым и лъэпкъ хабзэхэм пщIэ хуэщI», «ХьэщIэм дапщэщи дэIэпыкъу», «ХьэщIэм епта псалъэм уемыпцIыж», «Узыщыщ лъэпкъымкIэ жэуаплыныгъэ зэрыпхьыр зыщомыгъэгъупщэ», нэгъуэщIхэри) мы Iуэхум и дамыгъэр зытет футболкэхэмрэ дэтхэнэми тыгъэ хуащIащ.
- Ди гуапэу зыпытщэ «Зэныбжьэгъугъэ-2026» Iуэхум мыхьэнэшхуэ иIэщ щIалэгъуалэр зэрыцIыхунымкIэ. ХьэщIапIэ кIуэхэр бысымхэм я лъэпкъ хабзэхэм, щэнхабзэм, шхыныгъуэхэм, псэукIэм хагъэгъуазэ, курыт еджапIэхэм макIуэ. Дэзыхьэх IуэхухэмкIэ (спортым, шахматым, бдзэжьей ещэным, н. къ.) ныбжьыщIэхэр зэрызэтедгъэхуэным дыхэтащ. Фи зэхуаку къыдэхъуэну зэныбжьэгъугъэр фи гъащIэ псокIэ ефхьэкIыну сыщогугъ, - жиIащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Гергоков Жамболэт. - Абы зэрызиужьар ди нэгу щIокI. Илъэс 17 и пэкIэ Iуэхур щедгъэжьам зэрыцIыхуа щIалэхэмрэ я унагъуэхэмрэ нобэр къыздэсым зэкIэлъокIуэ, зэныбжьэгъугъэ быдэ яку дэлъу. Ар лъэпкъхэм, къуажэхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэм я щапхъэщ. Мызэ-мытIэу мы Iуэхум хэтахэри зэхыхьэм къедгъэблэгъащ. Тхьэмахуэ дэкIмэ, хьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ иджыри зэ мыбдеж дыщызэхуэсынущ. Хамэ къэралхэм щыпсэу, лъэпкъхэр дызыщызыгъэIеину и ужь итхэм дапэщIэтынымкIэ мыр IэмалыфIщ. Мыпхуэдэ гуапагъэ, ныбжьэгъугъэ зыхэзыщIахэр абыхэм тыншу пхыкIыфынущ.
- Дэтхэнэ зы лъэпкъми хабзэ, щэнхабзэ дахэхэр къыдокIуэкI. Мы Iуэху гуапэм зэрыпащэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Нэхъыжьхэм ди къалэнщ щIэблэм я деж а хабзэхэр, лъапIэныгъэхэр нэтхьэсыну, яхъумэн, зэрахьэн папщIэ. ХьэщIапIэ кIуэну щIалэхэм зым и хабзэм адрейм зэрызыщигъэгъуэзэнур уасэншэщ. Зэхыхьэм хэтхэми, ар къызэзыгъэпэщахэми, адэ-анэхэми фIыщIэ фхуэфащэщ, ехъулIэныгъэ фиIэну сынывохъуэхъу! - жиIащ КъБР-м и прокуратурэм и Ветеранхэм я советым и унафэщI Мэшыкъуэ Хьэчим.
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт, КъБР-м и Iэтащхьэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и саугъэтым и лауреат, блогер Мэзукъэбз Аслъэн Iуэхум хэт щIалэхэм захуигъэзащ гукъинэжу загъэпсэхуну, я махуэхэр щIэщыгъуэу ягъэкIуэну, хьэщIапIэ здэкIуэ унагъуэхэм я хабзэм, лъэпкъ шхыныгъуэхэм зыщагъэгъуэзэну, зэныбжьэгъугъэм и гуапагъэрэ хуабагъэрэ зыхащIэну, я гъащIэ псокIэ ар зыщамыгъэгъупщэну.
- ЩIыналъэм щыщ лъэпкъхэм къахэкIа щIалэхэр республикэм и нэгъуэщI къуажэхэмрэ къалэхэмрэ щыщ унагъуэхэм зэрыщыхьэщIэр фIыщ. ХьэщIапIэ кIуэ ныбжьыщIэхэм бысымхэм я гуапагъэ зыхэфщIэну, зэманыр щхьэпэу, гъэщIэгъуэну, гукъинэжу вгъэкIуэну, зэныбжьэгъугъэ быдэ фи зэхуаку къыдэхъуэну сынывохъуэхъу. Лъэпкъхэм ди зэкъуэтыныгъэрщ ди къару нэхъыщхьэр, - жиIащ КъБР-м и прокуратурэм и Ветеранхэм я советым хэт Мизиев Магомед.
КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амырбий къыщыпсалъэм къыхигъэщащ «Зэныбжьэгъугъэ» Iуэхум нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэна лъапIэныгъэхэр - лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр, хьэщIэм пщIэрэ гулъытэрэ хуэщIыныр зи лъабжьэ хабзэ дахэр къызэрагъэщIэрэщIэжыр, зым и псэукIэм адрейм зыщигъэгъуэзэну Iэмал зэраIэр къызэрыхэщыр, ар хуабагъэрэ гуапагъэкIэ зэрыгъэнщIар, Iуэхур къыхэзылъхьахэмрэ абы хэтхэмрэ фIыщIэшхуэ зэрахуэфащэр. Абы щIигъужащ ди республикэм щекIуэкI «Зэныбжьэгъугъэ» Iуэхур зэрыщапхъэр, ди щIыналъэм и мызакъуэу, Урысейм и щIыпIэ псоми ар щрагъэкIуэкIыныр зэрыфIэигъуэр.
Мы щIалэхэм я хьэщIэгъуэр зэфIэкIмэ, мэлыжьыхьым и 29-м зэхуэсыжынурэ ныбжьыщIэхэр тепсэлъыхьыжынущ я махуэхэр зэрагъэкIуам, гъунэгъу лъэпкъхэм я гъащIэм, хабзэхэм щыщу къащIам, нэгъуэщIхэми.
Пшыхьыр ягъэдэхащ эстрадэ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта «Арабеск» ансамблым, уэрэджыIакIуэхэу Теунэ Джэмал, Созаевэ Натэ сымэ, нэгъуэщIхэми.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.