ЛIакъуэхэр зэпызыщIэ

Адыгэ ныпым теухуа зэIущIэ купщIафIэ дыгъуасэ Лъэпкъ музейм щекIуэкIащ. Ар къызэригъэпэщащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм. ЗэIущIэм хэтащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и ЩIэныгъэ-инновацэ центрым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Къущхьэбий Анзор, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Егъэ­джэныгъэ IэнатIэм пэ­рыт­­хэм я Iэзагъым хэгъэ­хъуэнымкIэ зэпымычу лажьэ и центрым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Къэ­жэр Артур, Лъэпкъ музейм и тхьэмадэ, тхыдэ щIэныгъэ­хэмкIэ кандидат Накуэ Феликс, КъБР-м и Парламентым и депутат Къумал Заурбэч, ­Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр, КъБКъУ-м и студентхэр, егъэджакIуэхэр, школакIуэхэр, жы­лагъуэ лэжьакIуэхэр. 

ЗэIущIэр къыщызэIуихым ДАХ-м и IуэхущIапIэм и уна­фэщI Нанэ Лерэ жиIащ Ха­сэшхуэм 2010 гъэ лъандэрэ къыхилъхьауэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым Адыгэ ныпым и махуэр зэрыщагъэлъапIэр, а Iуэхур Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Краснодар, Став­рополь крайхэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием ис ди лъэп­къэгъухэми къызэрыддащтар, уеблэмэ хамэ къэралхэм щып­сэухэми Iэтауэ зэрагъэлъа­-пIэр. «А махуэм иджыри зэ дигу къыдогъэкIыж дыкъызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэ къулейр, ­хабзэр, бзэр, апхуэдэуи псэкупсэ лъапIэныгъэхэр хъумэ­ным дыкъыхуреджэ», - жиIащ Лерэ. 
Накуэ Феликс и гугъу ищIащ адыгэ тхыдэр лIэщIыгъуэкIэрэ къызэрабжыж, Кавказ Ищхъэ­рэм щызэрахьэ щэнхабзэхэм къежьапIэ хуэхъу Мейкъуапэ щэнхабзэр адыгэ лъэпкъым и лъабжьэу къэплъытэ зэрыхъунум. 
- Фэ фызэрыщыгъуазэщи, адыгэ лъэпкъыр къэрал, щIыналъэ куэдым щопсэу. Дэнэ щыIэми зыхэсхэм яхэзагъэу, я лъэпкъ хабзэмкIэ къахэщу, пщIэ къыхуащIу къогъуэгуры­кIуэ. Апхуэдэу, Урысейм и щэнхабзэм и Iыхьэ хилъхьэу, ар ­игъэбейуэ къокIуэкI, - жиIащ Феликс. - Ныпым и гугъу пщIы­мэ, ар лъэпкъыр зэкъуэзы­гъэувэ, дэнэ щыпсэури зэ­ры­зэрыщIэ, адыгэм и къекIуэ­кIыкIам щыхьэт техъуэ дамыгъэу жыпIэ хъунущ. Адыгэр адыгэ зыщIыр и къафэрщ, и тхыдэрщ, и хабзэрщ, и Iуэры­Iуатэрщ, и уэрэдыжьхэрщ. А псори зэзыпхыжыр зи махуэр дгъэлъапIэ ныпрауэ къызолъытэ сэ. Ныпым и тхыдэри, и зэхэлъыкIэри жыжьэ къыщо­жьэ, ар хьэтхэм зэрахьэу щытащ гъущI хъарым къыхэщIы­кIауэ, а вагъуэхэри, шабзэхэри тету. 
Феликс къытеувыIащ адыгэ тхыпхъэщIыпхъэр зэрызэ­фIэувам, дамыгъэхэм я къе­жьэ­кIам, пщыхэмрэ уэркъ­хэм­рэ адрейхэм къахигъэщу зэрахьэу щыта дамыгъэхэмрэ фэ­илъхьэгъуэхэмрэ. 
Къущхьэбий Анзор адыгэ ныпым къежьапIэ хуэхъуар ­щыжиIэжым ар дзэр зекIуэ ежьэмэ къыздищтэу, пащтыхь­хэм я напщIэ телъу зэрыщытар къыхигъэщхьэхукIащ. «Вагъуэ 12-мрэ шабзищымрэ мы дэ тцIыху ныпыр къемыжьэ щIы­кIи яIыгъащ ди адэжьхэм, уеб­лэмэ лъэпкъ дамыгъэу зэрахьахэм тещIыхьащ а вагъуэ пщыкIутIыр, псалъэм папщIэ, Джылахъстэнхэ, Талъостэнхэ, Мысостхэ, нэгъуэщIхэми. А псом щымыгъуазэхэм ди ны­пыр инджылызхэм къагупсы­сауэ ятх е уэсмэн къэралы­гъуэм щызэхагъэувауэ жаIэ. Ахэр пэжкъым, мыр адыгэм езым къигупсыса ныпщ. Ап­хуэдэ дыдэу фщIэну сыхуейщ вагъуэ 12-р адыгэ лъэпкъ 12-м ейуэ зэрыжаIэр зэрыпцIыр. Адыгэр «племена» жыхуиIэ гупым хуэдэу зэщхьэщыкIыу щытакъым, класскIэт зэрызэхагъэкIыр. Япэ дыдэу класс гуэшыкIэр къыщежьа лъэпкъ­хэм дащыщщ дэ. Зэман куэд-кIэ узэIэбыкIыжмэ, ди лъахэр щIыпIэ 12 иращIыкIауэ щытащ, аращ а вагъуэ 12-ри къызытекIар. Абы щхьэкIэ «субэтнос» е «общество», нэгъуэщIу жы­пIэмэ, «жылагъуэ» псалъэмкIэ къэбгъэлъагъуэ хъунущ», - игъэ­белджылащ Къущхьэбийм. 
Къэжэр Артур жиIащ ныпыр тхыдэу зэрыщытыр, илъэс мин бжыгъэ къэзыгъэщIа лъэп­къым и лIакъуэхэр зэ­пызыщIэ дамыгъэу зэрызэрахьэр. «Псом япэу тщIэн хуейр ди лъэпкъым и тхыдэращ, лъэпкъ зэхэщIыкI диIэн хуейщ. Укъы­зыхэкIам теухуар пщIэжу, ар адрейхэм ебгъэцIыхуфу щы­тыныр Iэмал зимыIэщ. ЦIыхур зищIысыр кърипщIэу псом япэ къигъэлъагъуэр зыщыщ лъэп­къырщ, итIанэ къыщалъхуа ­къуажэрщ, къызыхэкIа лъэп­къырщ, къыкIэлъыкIуэу зэрыс щIыналъэр, къэралыр зыхуэ­дэрщ. А щхьэхуэныгъэхэм фIы­уэ хэтщIыкIыу, пэжу къыдгурыIуэу щытыпхъэщ. 
Тхыбзэ дызэримыIам къы­хэкIыу куэд тфIэкIуэдащ дэ, ауэ адыгэр щыпсэуа лъэхъэ­нэ­хэмрэ яхузэфIэкIыу щы­та­хэмрэ ятеухуауэ Урысейм ­тхуи­хъумар мащIэкъым. Ар къы­дэкIуэтей щIэблэм ящIэну, ялъы­тэну сыхуейт. Лъэп­къым тхыдэр щы­гъупщэ хъунукъым. Къызы­хэкIар имы­щIэжмэ, абы и лъапIэныгъэ псори фIэ­кIуэ­дауэ жыпIэ хъунущ», - къыхигъэщащ Къэ­жэрым. 
Вэрокъуэ Затий къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ Ныпым и махуэмкIэ икIи жиIащ хамэ къэралхэм адыгэхэр къызэрыщацIыху дамыгъэ нэхъыщхьэу ар зэрыщытыр, абы зэкъуэш-хэр зэрызэкъуигъэувэр, я тхы­дэр хамэхэм жраIэн хуей ­хъуамэ, ныпыр лъабжьэу къы­зэращтэр. 
Къумал Заурбэч щIалэгъуа­лэр, еджакIуэхэр къыхуриджащ я лъэпкъ тхыдэр куууэ зрагъэщIэну, анэдэлъхубзэм ири­псэлъэну. «Уи тхыдэр пщIэмэ, лъэпкъ зэхэщIыкI уиIэмэ, зыпхъумэжыфынущ. Бзэр зыIэ­щIэв­мыгъэху, нарт эпосым фе­джэ, лъэпкъым къикIуа гъуэ­гуанэр зэвгъащIэ», - еущиящ ар ныбжьыщIэхэм. 
ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт, КъБКъУ-м и егъэджакIуэ Хьэкъул Замир жиIащ ди тхы­дэджхэр зэгурыIуэу ныпым тет вагъуэ 12-мрэ шабзищымрэ ­къарыкIыр убзыхуауэ ди пащ­хьэ кърахьэн зэрыхуейр. Армырамэ, интернетым илъ ­хъыбар зэмылIэужьыгъуэхэм щIа­лэгъуалэр щагъауэ. 
ЗэIущIэр ягъэдэхащ «Нартан» уэрэджыIакIуэ гупым хэтхэм.

Тхыгъэри сурэтри НэщIэпыджэ Замирэ ейщ.
Поделиться: