«Джэдыкъуэ Плъыжьым» и шыгъэжапIэм![]() «Кавказ дерби» фIэщыгъэр зэрихьэу шыкIэ гъуэгуанэ кIыхьхэр зэпычынымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ Бахъсэн къалэм и «Джэдыкъуэ Плъыжь» спорт комплексым. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 16-м я шууейуэ 122-рэ. Апхуэдэуи, УФ-м и тхыдэм щыяпэу километри 100 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр нэхъ псынщIэу зэпычынымкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм зэуэ хэтащ шууей 38-рэ. «Кавказ дерби» зэпеуэм (километри 100) япэ увыпIэр къыщихьащ Ставрополь щIыналъэм и лIыкIуэ Бекъан Дарье, «Амазонкэ» шымкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и шууей Абдуллаевэ Салиха «Эрида» шымкIэ етIуанэ хъуащ. Мыбдежым, Заяц Анастасие «Разумник» шымкIэ ещанэу къэсащ (Кърым).
Поделиться:
Читать также:
16.05.2026 - 10:00 →
Терроризмэм щэнхабзэр и бийщ
15.05.2026 - 17:26 →
Адыгэм и хьэщIэр быдапIэ исщ
11.05.2026 - 15:18 →
ЩIэуахътыншэри аращ
09.05.2026 - 10:07 →
ЛIэщIыгъуэкIэ лIакъуэхэм зэIэпах
04.05.2026 - 17:59 →
Лэжьыгъэм пащэ
| ||





