Музейм и тхыдэм зыщагъэгъуазэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ МВД-м и тхыдэ музейм зыща­плъыхьащ Май районым щыщ школакIуэхэм, апхуэдэуи МВД-м и лэжьакIуэхэу нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIыу Налшык къалэ зыщагъэ­псэхуну къэкIуа­хэм. 

ХьэщIэхэм къаIущIащ музейм и унафэщI Казаченкэ Еленэ икIи ве­домствэм и ветеранхэм ящIыгъуу, ирагъэблэгъахэм зыщрагъэплъыхьащ, гъэщIэгъуэн куэдым щагъэгъуазэу. Ахэр ­къекIуэлIахэм ядэгуэшащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я тхыдэ къулейм щыщ гъэщIэ­гъуэнхэмкIэ, тепсэлъыхьащ лэжьакIуэхэм я лIыхъужьыгъэхэм, я къалэн мытыншым, хабзэмрэ республикэм щыпсэухэм я шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщыным хуащI хэлъхьэныгъэм.
ШколакIуэхэм куэд къащIащ икIи ар тхыдэм и дерс яхуэ­хъуащ, Хэкум къулыкъу хуэщIэным и лIыхъужьхэр зрагъэцIы­хуащ. МВД-м и лэжьакIуэхэу зыгъэпсэхуакIуэ къэкIуахэм Iэмал ягъуэтащ Урысейм и щIыналъэхэм я зым щыIэ я IэнатIэм и тхыдэм зыщагъэгъуэзэну, абы и лъабжьэр зыгъэтIылъа я лэжьэгъухэм пщIэ хуащIыну.

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: