Лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ![]() КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм и амбулаторэм и лэжьыгъэр зэрекIуэкIым зыщигъэгъуэзащ. IуэхущIапIэр «ГъащIэ кIыхь икIи жыджэр» лъэпкъ проектым (пэхуэщIэм) хыхьэ «ЦIыхухэм япэ дэIэпыкъуныгъэхэр щрат медицинэ IэнатIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» щIыналъэ программэмкIэ сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжащ. IуэхущIапIэм и унащхьэр зэрахъуэкIащ, унэ щIыбыр къагъэщIэрэщIэжащ, инженер коммуникацэхэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр щIэкIэ яхъуэжащ, и кIуэцIыр зэрахьащ. КъищынэмыщIауэ, медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр къызэгъэпэщынымкIэ иджырей мардэхэм тету унэм и кIуэцIыр щIэрыщIэу яубзыхужащ.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||





