ЗыкъыщIагъэкъуэнущ жылагъуэми зэгухьэныгъэхэми

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Нар­котикхэм япэщIэтынымкIэ респуб­ликэм  и комиссэм и зэIущIэ иригъэ­кIуэкIащ. 

ЦIыхухэр наркотикым демыгъэхьэ­хыным хуэунэтIа хабзэхэр зэрылажьэм, абы ебакъуэу наркотикхэр зэзыхьэлIэхэм зэрапэщIэтым, щIэпхъаджащIэхэр къы­зэрагъуэтымрэ абыхэм къагъэсэбэп Iэ­мал­хэр зэрыхузэпаудымрэ ятеухуауэ къэп­сэлъащ республикэм и прокурор Хабаров Николай. КъинэмыщIауэ, зэIущIэм и гугъу щащIащ мы Iуэхум жылагъуэ, хьэрычэтым пы­мыщIа зэгухьэныгъэхэм хащIыхьы­фынум, УФ-м наркотикхэм япэщIэтынымкIэ и къэрал политикэ стратегиер гъэзэ­щIэн, республикэм и районхэм лэжьыгъэр щегъэфIэкIуэн зэрыхуейм. 

Поделиться: