Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр ягъэлъапIэХабзэ зэрыхъуауэ, КъБКъУ-м и педколледжым мазаем и 19-м щагъэлъэпIащ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр. Абы ирихьэлIэу литературэ-макъамэ композицэ ягъэхьэзыращ адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ я егъэджакIуэхэу, филологие щIэныгъэхэм я кандидатхэу Пэщол Сакимэ, Лъостэн Марьянэ, Аппаевэ ФатIимэ сымэ, я студентхэр я дэIэпыкъуэгъуу. ЗэIущIэ гуапэм ирагъэблэгъащ педколледжым и унафэщI Ашэбокъуэ ФатIимэ, гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ абы и къуэдзэ Ансокъуэ Залинэ, еджапIэм и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Архэст Сусаннэ, егъэджакIуэхэр, студентхэр.
Поделиться:
Читать также:
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
| ||




