ЗэIузэпэщ хъун папщIэ![]() Бахъсэн къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ и къуэдзэхэмрэ IуэхущIапIэм и къудамэхэм я унафэщIхэмрэ зыхэта зимычэзу зэIущIэр. Абы щытепсэлъыхьащ къыхах налогым, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм, нэгъуэщIхэми епхауэ зыхэт гугъуехьхэм. Мамхэгъ Хьэчим къызэхуэсахэм пщэрылъ ящищIащ налогымкIэ щIыхуэ зытелъхэм я бжыгъэр зэхагъэкIыну, Бахъсэн къалэм и сату щIыпIэхэр къапщытэну. ЗэIущIэм щыжаIащ щIыр бэджэнду зэратым хэплъэжын, кадастр уасэм хэгъэхъуэн зэрыхуейр, апхуэдэуи цIыхухэм къагъэсэбэпа электрокъарур къызэрыхах Iэмалыр зэрырагъэфIэкIуапхъэр. Къалэ унафэщIхэр щхьэхуэу къытеувыIащ жьы хъуа унэхэр зэхъуэкIыным теухуауэ щыIэ программэм.
Поделиться:
Читать также:
05.09.2026 - 10:25 →
Аруан щIыналъэм и зыужьыныгъэр
11.07.2026 - 12:00 →
Хабзэхэм щыхэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъхьащ
05.07.2026 - 09:00 →
ЩIэпхъаджагъэхэр къызэпауд
04.07.2026 - 10:23 →
Хэхыныгъэхэм зыхуагъэхьэзыр
02.05.2026 - 10:47 →
Къэрал мылъкур зэрызэрагъэзахуэр
| ||





