КIУЭКIУЭ Казбек: «Эфир занщIэр» икъукIэ IэмалыфIщ къэралым и УнафэщIым щIыпIэхэм щыIэ щытыкIэхэр зыхуэдэм щыгъуазэ зищIынымкIэ, Урысей Федерацэм щыпсэухэр зыхэт гугъуехьхэр илъагъунымкIэ»Мэкъуауэгъуэм и 30-м екIуэкIащ Урысейм и Президент Путин Владимир «эфир занщIэкIэ» цIыхухэм щепсэлъа зэIущIэр. Урысейм и щIыналъэ псоми я лIыкIуэхэм Iэмал ягъуэтащ зыгъэпIейтей упщIэхэр къэралым и УнафэщIым иратыну, я гуныкъуэгъуэхэмкIэ зыхуагъэзэну. КъызэратамкIэ, Президентым къыхуагъэхьащ упщIэ мелуанитIым щIигъу. ЦIыхухэм я упщIэхэмрэ тхьэусыхафэхэмрэ ятеухуат социальнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэм, щхьэж нэхъ зыгъэгузавэр утыку ирихьат. УпщIэ куэд дыдэ теухуат коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зэрызиубгъуам къыхэкIыу къэралым щыIэ эпидемиологие щытыкIэм, цIыхухэм мастэ яхэлъхьэным и Iуэху зыIутым.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|