КъБР-м и Iэтащхьэм «Кавказ» къэрал гъуэгум щыщ Iыхьэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм щыгъуазэ зищIащКъэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ щыIащ Р-217 «Кавказ» федеральнэ гъуэгум щыщу зэрагъэпэщыж Iыхьэм деж икIи зригъэлъэгъуащ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр. Гъуэгум и 14-нэ километрым деж щокIуэкI Старэ Шэрэдж къыщыщIэдзауэ Аргудан нэсу гъуэгур нэхъ бгъуэ щIыным, лъэныкъуитI фIэкIа ущызэблэкI мыхъуу щытар иджы машиниплI зэбгъурыту техуэн хуэдэу зэхъуэкIыным теухуа лэжьыгъэхэр. КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн зэрыжиIамкIэ, лъэныкъуитIкIэ фIэкIа ущызэблэкI мыхъу гъуэгу Iыхьэр пэлъэщыркъым автомобилхэр тэмэму зекIуэным, сыту жыпIэмэ зы жэщ-махуэм къриубыдэу абы ирокIуэ автомобиль мин 25-рэ.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|