Сабийхэм яхуэгъэза гулъытэ![]() Къэбэрдей-Балъкъэрым и сабийхэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэным, илъэс къэси хуэдэу, мы гъэми гулъытэшхуэ егъуэт. Республикэм и лагерхэм, санаторэхэм мы гъэмахуэм къриубыдэу зыщагъэпсэху, я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ ныбжьыщIэ минхэм. ЗэрыщызагъэпсэхунумкIэ тхылъхэр псом япэ зратхэм ящыщщ сабий зеиншэхэр, бын куэд къыщыхъу, хуэмыщIа унагъуэхэм къыхэкIахэр, апхуэдэу гъащIэм щытыкIэ гугъу иригъэува цIыкIухэр. Мы зэманым яубзыхуакIэщ икIи хъарзынэу мэлажьэ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэм хуэщIа сабий лагерхэмрэ санаторэхэмрэ. ЗыгъэпсэхуакIуэ щыIэ сабийхэр шхынкIэ къызэгъэпэщыным, я узыншагъэр къэпщытэным, зыхуей-зыхуэфI хуэгъэзэным кIэлъоплъ а Iуэхугъуэхэр зи пщэрылъ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ, профсоюз зэгухьэныгъэхэр. Сабийхэм зыщагъэпсэху IуэхущIапIэхэм Iэмал имыIэу хуагъэув къалэнхэм ящыщщ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынри, видео кIэлъыплъыныгъэхэр зэрыщыIэри.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





