Фысакъ!

ФщIэн папщIэ

Бадзэуэгъуэм и 10 - 20-хэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щокIуэкI «Сабийр - пассажир нэхъыщхьэщ!» лэжьыгъэ.

Бжыгъэхэм къагъэлъагъуэ автомашинэ зэжьэхэуэ къы­щыхъукIэ шэнтжьейм ис сабийхэм я гъащIэр къызэрелымрэ имыпхахэм фэбжьу хахымрэ.
 Къэдгъэлъэгъуа махуэхэм щIэгъэхуэбжьауэ къапщытэнущ сабийхэм я шынагъуэншагъэмкIэ Iэмэпсымэхэр автотранспортым къыщыгъэсэбэпыным ехьэлIа хабзэр зэрагъэзащIэр.
ПщIэ зыхуэтщI балигъхэ! Сабийр изыIыгъэ Iэмэпсымэхэр уэим фымыщI, ахэр сэбэпщ фэбжьхэр гъэмэщIэнымкIэ.
Балигъхэм къагъэсэбэпын хуей бгырыпххэми ещхьу, сабийр изыIыгъэ Iэмэпсымэхэр хуэщIащ напIэзыпIэм укъэувыIэн хуей хъумэ е зэжьэхэуэ къэхъумэ, ныбжьыщIэр иримыудэкIыу е автомашинэм къримыдзыу иIыгъынымкIэ.
КъБР-м щыIэ МВД-м и Къэрал автоинспекцэм фигу къегъэкIыж!
Сабийр къыщалъхуам щегъэжьауэ илъэсиблым нэс шэнт­жьейм исущ къызэрепшэкIынур, илъэсиблым щегъэжьауэ 11-р хиубыдэу - шынагъуэншагъэмкIэ бгырыпххэр къагъэсэбэп. Iэмэпсымэхэр къыщыхэфхкIэ нэхъыфI къызэрыфщэхуным яужь фит, аращ фыкъэзымыгъэпцIэнур.

 

Дыгулыбгъу Жантинэ.
Поделиться: