ЗИ ХЪЭТI ЗИIЭЖ УСАКIУЭ

Бицу Анатолэ Мурат и къуэр 1946 гъэм Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Аушыджэр къуажэм къыщалъхуащ. Бицум пасэу дунейм еплъыкIэ щхьэхуэ хуигъуэтащ. Абы тхэн щIидзащ етхуанэ классым щIэсу, ебланэм нэсауэ и япэ усэр газетым къытрадзащ.
Аушыджэр курыт еджапIэр къиуха нэужь, Анатолэ ди университетым и адыгэ отделенэм щIотIысхьэ, етIуанэ курсым щIокIри, Горькэм и цIэр зэрихьэу Москва дэт Литературнэ институтым щоджэ. Абы Анатолэ нэIуасэ щыхуохъу усакIуэ цIэрыIуэ Къэшэж Иннэ. Аращ Бицум и усэхэр урысыбзэкIэ зэзыдзэкIыу щIэзыдзар. «Iуащхьэмахуэ щхьэщыт лэгъупыкъу» псалъащхьэм щIэту «Дружба народов» журнал пIащэм 1968 гъэм къытехуа усэ циклышхуэмкIэ Анатолэ Союзпсо тхылъеджэм и пащхьэ ихьауэ щытащ. Усэхэр урысыбзэм шэрыуэу иригъэтIэсат Къэшэж Иннэ. Мы IуэхумкIэ фIыщIэшхуэ бгъэдэлът тедзэныр къызэзыгъэпэща, абы псалъапэ гуапэ хуэзытха КIыщокъуэ Алим...
Ещанэ курсым щеджэу Анатолэ Налшык къыщыдигъэкIащ и япэ усэ тхылъыр. Абы фIищауэ щытащ щIагъыбзэ зыщIэлъ цIэ: «ГуфIапщIэ».
УсакIуэм и етIуанэ тхылъыр, «Зы дакъикъэ» зыфIищар, усэ фIыуэ зылъагъухэм яIэрыхьащ 1971 гъэм.
1971 гъэм Литературнэ институтыр къеухри, Бицум Налшык къегъэзэж. ИкIи абы къыщыщIэдзауэ тIысыжыху ар щолажьэ Къэбэрдей-Балъкъэр «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм. ЯпэщIыкIэ художественнэ литературэмкIэ къудамэм и редактору, иужькIэ абы и унафэщIу, иужьрей илъэсхэм - тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыщхьэу. IэнатIэ гугъу зыпэрытхэм къыдэкIуэу, жылагъуэ къалэнхэри игъэзащIэу Бицур къокIуэкI. Псалъэм папщIэ, абы лэжьыгъэ пыухыкIа хуищIащ и IуэхущIапIэр зыхиубыдэу щыта Налшык къалэм и Ленинскэ районым - партым и райкомым хэту, райсоветым и цIыхубэ депутату. Илъэс зыбжанэ хъуауэ Анатолэ хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэхэм я союзым и правленэм, Къэрал саугъэтхэмкIэ республикэм щыIэ комиссэм. Литературэм зигури зи псэри итхьэкъуа усакIуэм и творчествэм зиужь зэпытщ. 1974 гъэм, и япэ тхылъитIым и фIагъыр къалъытэри, ар хагъэхьэ СССР-м и ТхакIуэхэм я союзым. Абы къыщыщIэдзауи, зым иужь зыр иту жыхуаIэм хуэдэу, зым нэхърэ адрейр нэхъ купщIафIэу дунейм къытохьэ Бицум и тхылъыщIэхэр: «Фэеплъ», «Псалъэ быдэ», «Гуэл щхъуантIэ», «Балъкъэр пшыналъэ» (адыгэбзэкIэ); «Стремление», «Человек и небо», «Сквозь сердце», «Мотив», «От весны до весны» (урысыбзэкIэ). Ахэр къыщыдокI Налшыкрэ Москварэ, тхылъ щхьэхуэхэм псалъапэ хуатх Тхьэгъэзит Зубер, Сокъур Мусэрбий, КIыщокъуэ Алим... Анатолэ жыджэру хэтщ республикэм и литературнэ гъащIэм. Мызэ-мытIэу ар кIуащ Винницэ, Ригэ, Липецк, Ростов, Москва щекIуэкIа декадэхэм, ТхакIуэхэм я съездышхуэ зыбжанэм делегату хахащ, Москва, Ереван щызэхэта, усыгъэм и Союзпсо фестивалхэм дипломант щыхъуащ.
Абы таланту бгъэдэлъым, и дуней еплъыкIэм, и зэхэщIыкIым, и хъэтIыр зыхуэдэм я гугъу пщIымэ, и гупсысэхэр здынэсыр жыпIэмэ - а псори къыхощ усакIуэм и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэхэм.
«Литературэм къалэм хуэзыщтэ дэтхэнэми цIыхухэм я ущиякIуэ цIэр зыфIищыжу аращ, - итхыгъащ Сокъур Мусэрбий. - Апхуэдэ борш зи пщэ дэзылъхьэжым щхьэзыфIэфI «хуитыныгъэр» IэщIыб ещIри, цIыхубэ утыкум къохьэ лъэныкъуэ псомкIи зэпэплъыхьыгъуафIэу. Аращ «сызыхуей-сызыхуэфIым» и пIэкIэ «цIыхубэр зыхуей-зыхуэныкъуэр» усакIуэр зэрыпсэу хабзэу щIэувыр, и IэщIагъэм мыувыIэу щIегупсысыр... И IэщIагъэм хуеджэнымкIэ Бицур я гъусэщ тхэкIэм и жьантIэм пэгъунэгъу хъуа нобэрей ди усакIуэ мыкуэд дыдэхэм. Абы Iэзагъэ «гъущэм» зриту псалъэ гъэщIэрэщIэн фIэфIкъым, бухъарыр дэгъуэми игъэпщкIур фагъуэнкIэ мэхъу жыхуиIэу. УсакIуэр дэзыхьэхыр гукъэкI ищIар гупсысэ куум хуишэнырщ, Iуэхугъуэ къищтам лъабжьэ езыт фащэ къигъуэтынырщ, и мурадыр щызу къиIуэтэнырщ».
Бицу Анатолэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и комсомолым и саугъэтым и лауреатщ, абы къыфIащащ «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ усакIуэ» цIэ лъапIэхэр...

              СУРЭТ

Куэд щIащ зауэ мафIэр зэрыужьыхыжрэ,
Ауэ сахуэ фIыцIэр ноби ди щIым телъщ...
Мес, щIэрыщIэу нанэ блыным къыфIехыжри,
Нэпсыр щIилъэщIыкIыу,
 сурэт гуэрым йоплъ.

А сурэтыр нанэм хуехь и Iупэм, и нэм,
Трахыным хуэдэу щIекъузэ и бгъэгу.
КъогуфIыкI сурэтым щIалэ щхьэц баринэр -
Зэгуэр сабий дыдэу техьар зауэ гъуэгу.

А зы сурэт закъуэрщ къытенар дунейми
И фэеплъу и къуэ зауэм хэкIуэдам -
Аращ зэплъыр анэр дыгъэр къыщIэкIами,
Аращ зэплъыр анэр жэщхэр хэкIуэтам...

Къызоплъыхь сэ фэбжькIэ гъэнщIа
 мы ди щIылъэр,
Нобэм и нэщэнэу дэнкIи щызолъагъу:
Итщ и пащхьэм анэр блыным сурэт фIэлъым -
 Сурэтыр нэщхъыфIэщ, анэр гукIэ магъ.

            НЭФ

Зэгуэр къыщихьэм
Ди щIым бийр мафIэскIэ -
Ихъумэу лъахэр,
Ем ар пэуват.
Хэтт щхьэмыгъазэу
Лыгъэ курыкупсэм
Дунейр сэлэтым
КъыщытеункIыфIам...

Бийр хисхьэжащ
Езым зэщIищIа мафIэм.
ЩIэрыщIэу ди щIым
Дыгъэр къипсэжащ.
Ауэ къэнащ
И махуэ псори кIыфIу -
А зауэм нэфу
Сэлэт къикIыжам...

О, сыту гуфIэу
Iуплъэжынт ар нобэ
Зэгуэр мафIэсым
Щихъума дунейм! …
КъекIухьыр нэфым
БашкIэ Iэбэрабэу,
ФIэкIуэда нитIыр
Къилъыхъуэж нэхъей.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: