Къурш джабэ нэкIум

Дэфтэрхэм къаIуатэ

Дызэрыт лIэщIыгъуэм и 20-нэ гъэхэм Урысейм щIэныгъэм хуэфащэ гулъытэ щыхуащIыртэкъым. Ар зригъэгъуэтыну зи насыпым къихьар хуэщIауэ псэу цIыху зырызхэрт, икIи, курыт лIэщIыгъуэхэм щIэныгъэм чылисэхэр егъэзыпIэ зэрахуэхъуауэ щытам хуэдэу, абы къыпэплъэр Урысей тажзехьэхэм я фIэфIыныгъэкIэ лажьэ академием и чэнджыпIэрт.
 

Эммануэль щIэныгъэхэмкIэ академием хэтхэм захуигъэзат, Кавказ Иным и щыгум ухуэзышэ лъагъуэ шынагъуэншэхэр хишын мураду. Академием Эммануэль и жэрдэмыр иIыгъащ, икIи а зэманым Урысейм и пащтыхьу щыта Николай Езанэм хуит ищIа нэужь, Кавказым къагъэкIуат Урысей щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Ленц Эмилио (Коцебу и гъусэу дуней псор къызэхэзыкIухьауэ щыта, иужькIэ физикэмкIэ зэригъуазэ лэжьыгъэхэр зытхар), физикэ, химие щIэныгъэхэмкIэ профессор Купфер Адольф, Бытырбыху дэт ботаникэ жыг хадэм и унафэщI Мейер Карл, этнолог цIэрыIуэ Менетрие Эдуард сымэ.

* * *

Къуршыщхьэ уэсылъэхэмкIэ къиIукIырт гур зытхьэкъу макъ зэхуэмыдэхэр. Псатхьэ лъапIэм и уэрэд гуакIуэр – бгы абрагъуэм тепщэгъуэ гъащIэр зыIыгъхэм затригуашэрэ абыхэм я гурыгъу-гурыщIэхэр игъэжабзэу Тхьэ лъапIэм хуэгущIэгъулыуэ щытыным къихуриджэхэу. Абы хэту пшагъуэ нэщхъыфIэхэр уэгум ибзэхыкIащ, къурш уэсылъэхэм я щыгум налкъут-налмэсым хуэдэу уIуплъэ хъуащ, псынэ Iэсэ цIыкIухэр зэщIэушащ, удз епэрхэм, IэфIыгъэкIэ гур ягъэIурыщIэу, акъужь къабзэхэр ягъэнщIырт. Я адэ жьакIэху Псатхьэ лъапIэм и макъыр зэхихакъым. Ищхъэрабгъу лъэныкъуэмкIэ щыплъэм абы къилъэгъуащ жьым зэрихьэу, дыгъэм пэлыду къуршыщхьэм хуэкIуэ зекIуэлIхэр…

* * *

Iуащхьэмахуэр – ар уэсылъэ къум щIыпIэ абрагъуэщ. Уэри щIыри щызэхэзэрыхьыжа зэманым, хы хьэлэмэтхэмрэ материк телъыджэхэмрэ къыщыунэхуащ, щIы къатиблым къыщIэкIыу дунейм къытехьауэ. ЩIым и гъунэхэм гъащIэ щыIэщ. Iуащхьэмахуэ щыгу зы псэущхьи ущрихьэлIэркъым. Къурш псынэ фIэщыгъэцIэр абы куэдкIэ нэхъ йозэгъ Псэншэ зыфIаща Асфальт гуэлым нэхърэ…
Шэджагъуэ хуегъэзэкI щыхъум генералыр пщыIэм къытехьэжащ икIи щIэныгъэрылажьэхэм я гъусэу чэруаныр зыхуеинухэмкIэ къызэригъэпэщу щIидзащ. Гупым хэтт къэзакъ тIощIрэ зы адыгэрэ, Хьэшыр Чылар и цIэу…

* * *

…ЦIыхуищыр, пшагъуэм хэкIуэдам ещхьу, бзэхащ, еплIанэм нэхъри лагэу зиIэтырт икIи абы и Iэпкълъэпкъ уардэр Iуащхьэмахуэ и щыгум къыщыхутащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар адыгэ лъэпкъым къыхэкIа, Налшык къыщалъхуа Хэшыр Чыларт. Абы хэту, уэри щIыри къигъэдаIуэу, фочышэ макъхэр Iуащ. ЛIэщIыгъуэ куэдкIэ щыму къекIуэкIа къурш джэрпэджэжхэр зэщIэушэу хуежьащ.

* * *

ЗекIуэлIхэр къуршым къехыжа нэужь, Эммануэль санэхуафэ ин зэхиублат. Абы кърихьэлIат Къэбэрдейм, Къэрэшейм, Урысейм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыщхэри, Iэнэм пэрысхэм ирафырт Iуащхьэмахуэ и уэсымкIэ ягъэщта фадэ «ПсынщIэхэр». Япэ фадэбжьэмрэ хъуэхъумрэ хуаIэтащ зи узыншагъэр быдэ хъуну я гуапэ Урысей щIэныгъэм и тепщэныгъэр зыIыгъ тажзехьэ, Император Николай Езанэм. Макъамэ зэрамыIэм къыхэкIыу, хъуэхъум фочышэ макъхэр щIэувэрт. ИужькIэ фадэбжьэр хуаIэтащ генерал Эммануэль, гупым хэта щIэныгъэрылажьэхэм, адыгэлI Хьэшыр Чылар. Хъуэхъу трыжыIыхьырт Iуащхьэмахуэ Урысей пащтыхьыгъуэ и хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщ зэрыхъуами…
Шэджагъуэ нэужьым Чылар саугъэт лъапIэ иратащ, къызэхуэсахэм я Iэгуауэшхуэр щIэту. ИужькIэ тыгъэхэр хуащIащ зекIуэм хэта бгырысхэм.
Урысхэр Iуащхьэмахуэ зэрыщыIар игъащIэкIэ тхыдэм къыхэнэн папщIэ, Эммануэль унафэ ищIащ къурш джабэ нэкIум мыпхуэдэу тратхэну:
«Урысей пащтыхь Николай Езанэм и тепщэгъуэ лъэхъэнэм, 1829 гъэм и бадзэуэгъуэм и 20 - 23-хэм мыбдеж щытащ Кавказым дзэзешэу щыIа, генерал Эммануэль Георгий игъэува пщыIэр. Абы щIыгъуащ илъэс 14 зи ныбжь и къуэ Георгий, Урысей правительсвэм и лIыкIуэ академикхэу: Куфор, Ленц, Менетрие, Мейер, щIэныгъэрылажьэхэу Вансович, Бернарцский Иосиф, Иван де Бессе…» Iуащхьэмахуэ и щыгум нэсыну зыхузэфIэкIахэр адыгэлI Хьэшыр Чылар и закъуэщ. Мы тхыгъэр зытетха къурш мывэм къэхъуну щIэблэм хьэкъ ящрещI къыпхуэмыгъэIурыщIэну ялъытуэ щыта Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур япэу хэзыша цIыху щыпкъэхэм ябгъэдэлъа лIыгъэр!»

Эммануэль зи пашэ зекIуэм хэтахэр. Хьэшыр Чылар езанэ сатырым и кум хэтщ. (Iуащхьэмахуэ. 1829 гъэ)

ПОТТО Василий, урысей тхыдэдж. («Кавказ зауэ. Тхыдэ лъэужьхэр» тхыгъэхэм ящыщщ).
Поделиться:

Читать также: