КъуапитI зиIэ Iуащхьэмахуэ и щыгум

Кавказ къурш екIуэкIым и нэхъ щхьэпэлъагэу дэнэ лъэныкъуэкIи щыплъагъур къуапитI зиIэ Iуащхьэмахуэщ. Дунеижьыр мыджэмыпцIэу щIылъэр щызэпцIагъащIэм мы Iуащхьэр мафIэ зэщIэгъэнауэ щытат. ИужькIэ зэщIощтхьэжри, мыл джанэр зыщетIагъэ. Хъыбар гъэщIэгъуэнхэр иIэщ мыбы. Адыгэхэм а Iуащхьэм фIащ псалъэу щыIэм я нэхъ дахэр - «Iуащхьэмахуэ». IуащхьэмахуэкIэ уи гупэр бгъазэуэ тхьэ уелъэIумэ, узыхуейр къохъулIэ жаIэ. Къэрэшейхэмрэ балъкъэрхэмрэ а Iуащхьэм зэреджэр «Мингитау» (Iуащхьэ мину зэхэт) жиIэущ.

Къэжэрхэр абы йоджэ «ЭльбороскIэ» (Уэсылъэ IуащхьэкIэ), тыркухэр - «Жинхэм я пащтыхькIэ». Урысхэмрэ къэзакъхэмрэ ди щIыпIэ дахэм къыщиужьгъам, шатырым зэрещхьым къыхэкIыу Iуащхьэмахуэм фIащат «Шатыр Iуащхьэ», Шат-гора), сонэхэм фIащат зи гугъу тщIы Iуащхьэм «Ялбузит» (Шыц Iуащхьэ).
Илъэс минитI ипэкIэ алыдж драматург цIэрыIуэ Эсхилл итхауэ щытащ - «Къыр дзакIэм еIулIа Прометей» жыхуиIэ пьесэр. Прометей езыр лIыхъужьт, абы тхьэхэм мафIэ къазэрыфIихьэм папщIэ тезыр тралъхьэ. Зевс Прометей къыр дзакIэм кIэрепхэри бгъащхъуэ лъыифым жреIэ: «И тхьэмщIыгъур къишхыкI». Махуэ къэс къыпишхыкIырт Прометей и тхьэмщIыгъур, жэщ зэрыхъуу къикIэжырт. Геракл ар къыщищIэм, бгъащхъуэ бзаджэр еукIри Прометей хуит къещIыж. Абы ещхь хъыбар хэтщ адыгэ нарт эпосми…
… Iуащхьэмахуэ и къуапитIым языхэзу дыгъэ къухьэпIэмкIэ щыIэм и лъагагъыр метр 5.621-рэ мэхъу, къуэкIыпIэмкIэ щыIэр - метр 5.642-рэ. Абы щыгум япэ дыдэу дэкIар адыгэ щIалэ Хьэшыр Чыларщ. Iуащхьэмахуэ дэкIынымкIэ жэрдэм къыхилъхьат ЩIэныгъэ IуэхухэмкIэ Урысей Академием и географие обществэм. А зэманым а зэгухьэныгъэм хуэдэ щыIакъым.
ЦIыху гупышхуэр Iуащхьэмахуэ дэкIыну жылагъуэхэм щызэхахым, псалъэмакъ ящIауэ щытащ, «мыбы дэ фIым дыхуишэнукъым», жаIэу. Iуащхьэмахуэ и щхьэщыгур ялъытэрт жын тIысыпIэрэ шейтIан зэхуэсыпIэу. Абы удэкIын папщIэ нэхъ тыншу къалъытэу щытар гъуэгуитIщ. Зыр - Бахъсэн псыхъуэ убгъурыту удэкIуейуэрэ, етIуанэр - Балъкъыпс и къыщIэжыпIэхэмкIэ.
Эммануэль и гупым картэхэр зэхалъхьэри, БалъкъыщхьэкIэ драгъэзей. Бадзэуэгъуэм и 8-м куэд ямыкIуауэ къоувыIэ. Абдежым зыщаплъыхьу щIадзэ. Дахэт и хъуреягъыр: уафэри къащхъуэт, щIылъэри щхъуантIэт, къуршыбгъэхэр уафэгум щыхуарзэт. Iуащхьэмахуэ и къуапитIыр мыл гъуджэу дыгъэм полыд.
Гупыр адэкIэ йожьэ я гъуэгу хагъэщIу, арщхьэкIэ куэд ямыкIуу къызэтоувыIэ: жьыр яхурикъуркъым, я тхьэкIумэхэм щIагъуэ зэхамыхыжу дэгу мэхъу, я щхьэр мэуназэ, я нэхэр мыл джафэм топщIыпщIэ, топлъызэ. И щхьэщыгум иджы удэплъеймэ, нэпкъыжьэ къыр дзакIэ хуэдэхэр иIэкъым, мыл гъуджэхэу апхуэдэщ. Ауэрэ гупыр къызэрогъуэтыжри, ищхьэмкIэ дэкIуейуэ щIадзэ.
Аргуэрыжьщи, бгыщхьэ узыр къахохьэ. ИщхьэмкIэ лъэбакъуэ ямычыжыфу нэкIум къыкIэрынахэщ гупым я нэхъыбэр. Абыхэм кърагъэзыхыжащ. Иджы гупым ящыщу «ди гъуэгу хэдгъэщIынщ» жаIэу къэнэжар академик Ленщ, Лысенкэ, Хьэшыр Чылар сымэ. Щыми я гум илът щыгум нэсыну, къэнэжар лъэбакъуэ щищ хуэдизт. Ауэ а лъэбакъуэ щищыр апхуэдизкIэ хьэлъэти, адыгэми жиIауэ, вым хуэшэчынутэкъым. Академик Ленц зы лъэбакъуи хуэмычыжу йотIысэх: жьы игъуэтыркъым, и щхьэр мэуназэ, Лысенкэ укIуриипащи, зы къаруи хэлъыжкъым. Чылар а тIур мащIэу кърешэхыжри, загъэпсэхуну йолъэIу, езым адэкIэ пещэ.
И бащлыкъыр жьым зэрихьэу зи пщэм къешэкIа, башыр зи Iэщэ адыгэлIыр бгым докI и къару псори хилъхьарэ, гъуэгум хигъэщIу. Куэд дэмыкIыуи Хьэшыр Чылар кыщохутэ дунейр къызэригъэщIрэ цIыху лъапэ зытемыува Iуащхьэмахуэ дыкъуакъуэ зэкIэщIэщтхьам и щыгум.
 Генерал Эммануэль нэрыплъэкIэ дэплъейуэрэ, къелъагъу Iуащхьэмахуэ и щхьэщыгу дыдэм ит адыгэ щIалэр. Унафэ ещIри, зекIуэ иным и хъумакIуэхэм топхэр ягъауэ.
Куэд дэмыкIыу Чылар и цIэр къэрал куэдым щоIу, газетхэм традзэ, и сурэтыр зэбграх. Хьэшырым саугъэту къыхуагъэфащэ дыжьын ахъшэу сом 400-рэ цеипхъэ щэкIыщхьэрэ. ИужькIэ Чылар и цIэ, унэцIэ, къызыхэкIа лъэпкъыр географическэ энциклопедием иратхэ…

БАЛЪКЪЭР Къылышбий, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.1999 гъэ
Поделиться:

Читать также: