ЗыхузэфIэмыкIхэм зыщIагъакъуэПсапэ Махуищ хъуауэ Къурмэн хьид лъапIэм епха Iуэхухэр республикэм щокIуэкI. Махуэшхуэм пыщIа хабзэхэр жыджэру цIыхухэм ягъэзащIэ. Дэтхэнэ зы муслъымэнми къытохуэ къурмэн ищIыныр, ар къызыхихын мылъку бгъэдэлъмэ. ЗыхузэфIэмыкIхэри щIыналъэм гулъытэншэу къыщагъанэркъым. КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и жэрдэмкIэ мы махуэхэм унагъуэ хуэмыщIауэ I000-м щIигъум къурмэн ящIыну Iэмал ират. Iэщхэм я лыр хуагуэшащ. Iуэху щхьэпэр даIыгъащ республикэ, жылагъуэ унафэщIхэм, псапащIэхэм. КъищынэмыщIауэ, Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэми зыщIагъэкъуащ. Республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм сыт хуэдэ IуэхукIи гулъытэ къазэрыхуищIым папщIэ фIыщIэ хуещI КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, апхуэдэуи Къурмэн хьид махуэ лъапIэм ирагъэкIуэкIа псапащIэ Iуэхухэм зи мылъку хэзылъхьа псоми абы фIы къахудэкIуэну йохъуэхъу. - ФIы зыщIэрщ, гуапагъэр зи Iэпэгъурщ, пэжым тетырщ зи Iуэхур сытым дежи дэкIынур, - жиIащ КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий. – Узыншагъэ, насып, фIыгъуэ фи унагъуэ жьэгум дэлъу, псапэ Iуэхухэм тевгъэкIуадэ мылъкур фхуэбагъуэу Тхьэм фигъэпсэу!
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||




