Тезырыр зыпшыныжхэм я щыIэкIэ-псэукIэр зрегъащIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЦIыхум и хуитыныгъэмкIэ и уполномоченнэ Зумакулов ­Борис щыIащ Советскэ къуажэм дэт КъБР-м щы­Iэ УФСИН-м и КП-5-м и УФИЦ-м икIи щыгъуазэ зищIащ лъэщыгъэкIэ ягъэ­лажьэу тезырыр езы­хьэкIхэр щаIыгъхэр къызэрызэгъэпэщам.

Апхуэдэуи абы хэтащ ЦIыхум и хуитыныгъэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэм и аппаратым и лэ­жьакIуэхэу Мизиев Магомедрэ Къашыргъэ Измаилрэ.
ХьэщIэхэм, управленэм и унафэщIым и къуэдзэ ­Къанкъул Аслъэн, УИС-м цIыхум и хуитыныгъэхэр ­щагъэзэщIэнымкIэ и управленэм и унафэщIым и дэIэ­пыкъуэгъу Текаевэ Ритэ, КП-5-м и унафэщI Къэзанш Юрийрэ КП-5 и деж щыIэ УФИЦ-м и унафэщI Дэхъу Астемыррэ ящIыгъуу, зыщаплъыхьащ тезырыр щагъэзэкIуэж центрым и пщIантIэм къыщыщIэдзауэ тут­накъхэр щыжей, щышхэ пэшхэм щыщIэкIыжу.
Абы къыдэкIуэу хьэщIэхэр щIэупщIащ ягъэтIысахэр лэжьыгъэкIэ къызэрызэгъэпэщам, Iуэхум къыщыдэ­-хуэм деж я щхьэм хухэха зэманыр зэрагъакIуэм.
Зумакулов Борис епсэлъащ я щхьэ IуэхукIэ зыкъы­хуэзыгъэза тутнакъхэм.

 

 

КъБР-м щыIэ УФСИН-м и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: