Нэхъыжьыр ягъэлъапIэ

Тэрч щIыналъэм

Тэрч районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Дадэ МуIэед иджыблагъэ ЩIыхь тхылъкIэ игъэлъэпIащ зи ныбжьыр илъэс 80 ирикъуа, Лэжьыгъэм и ветеран Щомахуэ Бесэ Мухьэжир и къуэр. Iэтащхьэм къыхигъэщащ ар илъэс куэдкIэ и гуащIэ емыблэжу зэрылэжьам, Тэрч щIыналъэм ветеринарнэ IэнатIэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам къызэрыпэкIуар.

Щомахуэ Бесэ Курп Ипщэ (Инарыкъуей) къуажэм I94I гъэм къыщалъхуащ. Зи адэр зауэм хэкIуэда сабийхэр зауэ илъэс шынагъуэхэми абы и ужь лъэхъэнэ гугъуми къыпхыкIащ. Еджащ, зэпымыууи хущIэкъуащ адэм и фэеплъым хуэфэщэну псэуну. I967 гъэм Щомахуэ Бесэ къиухащ Новочеркасск къалэм дэт Дон мэкъумэш институтыр икIи ветеринар дохутыр IэщIагъэм и гъащIэ псор триухуащ. I968 гъэм Тэрч ветеринар сымаджэщым ар къагъэкIуэжри, иужькIэ ветеринар лабораторэм и унафэщI ящIащ, I985 гъэм къыщыщIэдзауэ Тэрч районым и ветеринар дохутыр нэхъыщхьэ хъури, а къулыкъум 200I гъэ пщIондэ пэрытащ. 2002 гъэм щегъэжьауэ нобэр къыздэсым Бесэ Тэрч районым ветеринарно-санитарнэ экспертизэмкIэ и лабораторэм и дохутыру мэлажьэ.
- Щомахуэ Бесэ жьыщхьэ махуэ дахэ зиIэ зыхужаIэхэм ящыщщ. Нобэр къыздэсым, къэбгъэлъагъуэмэ, илъэс 54-рэ хъуауэ, ар къыхиха IэщIагъэм емыпцIыжу бгъэдэтщ. Апхуэдэ цIыху гуащIафIэм хуэфащэу къэтлъыта дамыгъэр щеттыжым нэрылъагъу тщыхъуащ щIэблэ дахэм ар къызэраухъуреихьыр, шэч хэмылъу, ар дэтхэнэми щапхъэ хуэхъуащ, гъэсэныгъэ яхилъхьащ. Ахэр нобэ медицинэ, юридическэ IэщIагъэхэм гукIи псэкIи иролажьэ. Си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу Щомахуэ Бесэ и махуэ лъапIэмкIэ, узыншэу иджыри илъэс куэдкIэ псэуну дохъуэхъу, - жеIэ Дадэ МуIэед.
    

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: