И пIалъэр къэмысу

Лъэпкъ проектхэр

Гундэлэндэсхэр хуабжьу щогуфIыкI я жылэм щекIуэкI ухуэныгъэ-зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм. Ахэр ухуакIуэхэм зэфIахащ, къыхуагъэува пIалъэр къэмысу.

Къуажэм дэт курыт школым ухуэзышэ гъуэгур куэд лъандэрэ зэгъэпэщыжын хуейуэ щытт. Иджы мис: автомобиль гъуэгур екIуу икIи къызыхуэтыншэу къагъэщIэрэщIэжащ, IэнатIэм къигъэув хабзэхэмрэ мардэхэмрэ хуэкIуэу.
Хеймащэ уэрамым щрагъэкIуэкIа зэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэм ядэщIыгъуу, зэпэщ ящIыжащ Гундэлэн псым телъ лъэмыжри. Ар нэхъ бгъуэ ящIащ, асфальтрэ бетонрэ зэхэлъу тралъхьащ. КъинэмыщIауэ, лъэмыжым и лъэныкъуитIымкIи уэздыгъэ фIадзащ, гъущI хъархэр ягъэуващ. Апхуэдэуи фIэлъщ лъэсырызекIуэхэми автомашинэхэм дэсхэми яхуэгъэза, гъуэгум щызекIуэ хабзэр нэрылъагъу зыщI дамыгъэхэр. Ахэр сэбэпышхуэ яхуэхъунущ зы мазэ нэхъ дэмыкIыу гъэ еджэгъуэм щIэзыдзэжыну школакIуэхэми гъуэгум тет балигъхэми.
Зи гугъу тщIы лэжьыгъэ псори къызэщIеубыдэ ди республикэм щылажьэ «Къуажэхэм зегъэужьын» къэрал программэм.

 

 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: