И зэхуакур щхьэдэхыпIэу

ЩIыпIэцIэхэр

КъухьэпIэ Кавказым щежэх псы нэхъ ин дыдэхэм ящыщ Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIурэ я псы къуэпсхэр зэхэзыгуэшыкI джабащхьэ екIуэкIым Бабыгу (Бабук) цIэр зэрехьэ. Шытхыщхьэр ТхьэщIы (Тхач) бгым и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэщ.

Тхыдэм  щыщ

Дызэрыщыгъуазэщи, Урыс пащтыхь къэралыгъуэжьым Кавказыр зыIэщIигъэхьэн мурадкIэ, а лъахэм иса лъэпкъхэр зауэ мыухыжым хидзауэ щытыгъащ. Абы ипкъ иткIи, XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм Къэбэрдейр хьэлэбэлыкъышхуэ хэхуат. ЗэрыпхъуакIуэхэм я унафэ щIэувэну хуэмея пщыхэмрэ уэркъхэмрэ, езыхэм я цIыхухэр я гъусэу, Псыжь адрыщIкIэ Iэпхъуащ. Апхуэдэ щIыкIэм тету, Бабыгу (Бабыгуей) лIакъуэцIэр зезыхьэ пщым и къуажэ зыбжани Лабэрэ Щхьэгуащэрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм къыщыхутащ. ЩIыпIэцIэхэр зыджхэм я нэхъыбапIэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, шытхым и иджырей фIэщыгъэр а унэцIэм къытехъукIащ (Виноградов Владимир, «Топонимия средней Кубани»).

Мыбдеж  къущхьэхъум щыщIедзэ

Бабыгу шытхым ижькIэрэ щыпхаша лъагъуэм ухуешэ Ажэжьбэкъу бгыжь дыкъуакъуэу зи зэхуакур щхьэдэхыпIэм. Къыхэгъэщыпхъэщ, иужьрейм и аранэ папцIэхэр щIыпIаплъэхэм куэд щIауэ къызэрагъэунэхуари, нэгузегъэужьыпIэ телъыджэу ар абыхэм къызэралъытэри.

Бгыщхьэу тхыцэ екIуэкIым къуапитI иIэщ. А тIум ящыщу, «Бабыгу ЦIыкIу» («Малый Бабук») цIэр зезыхьэу къуэкIыпIэмкIэ щыIэм - метр 1551-рэ, къухьэпIэмкIэ зызыIэта и нэпкъхэм - метр 2000-м нэблагъэ я лъагагъщ.

Ажэжьбэкъу бгыжь дыкъуакъуэм, зэрыщыту къатщтэмэ, километри 5 хуэдиз и бгъуагъщ. И лъэныкъуитIыр блын задитIщи, къэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэм метр 300 хуэдизкIэ щхьэщыIэтыкIащ. ДыхьэпIэ-дэкIыпIэу къалъытэ я зэхуакум метр 500-м нызэрыхьэс и бгъуагъщ. Къущхьэхъу хъупIэхэм  мыбдежым зэрыщыщIадзэр къыуагъащIэ IуащхьэжьитIым я джабэщIри Iэшэлъашэри удз Iув куэдыкIейм зэрызэщIасеям. Ажэжьбэкъу къурш дыкъуакъуэм къухьэпIэмкIэ щыIэ и бгыщхьэр Кавказ биосферэ мэзкъуэдым и гъунапкъэщ.

Ковешников Вячеслав «Очерки по топонимике Кубани» и тхылъ телъыджэм зэрыщитхымкIэ, фIэщыгъэр «Бабыкъуэ» цIыхухъуцIэм къытехъукIауэ къэзылъытэхэри щыIэщ.

     

ЛЪАГЪУЭРЫКIУЭ Шухъыжьэ.
Поделиться: