ШколакIуэхэм папщIэУрысей Федерацэм и Президентым и Унафэм ипкъ иткIэ, къэралым щыпсэу унагъуэхэм ящыщу школ кIуэгъуэ ныбжьым ит сабий зыпIхэм 2021 - 2022 гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу иратынущ сом мин пщIырыпщI, школакIуэ къэс хуэзэу. Зэ тыгъуэкIэ зэфIэкI а дэIэпыкъуныгъэм хуабжьу хуэныкъуэщ зи бынхэр школым хуэзыгъэхьэзырыж адэ-анэхэр. А мылъкур яIэрыхьэнущ фокIадэм и 1-м ипэ къихуэу зи ныбжьыр илъэси 6 хъуа цIыкIухэм я деж къыщыщIэдзауэ илъэс 18-м нэс школакIуэ бын зиIэ адэ-анэхэм, къуэ (пхъу) зыпIыну къэзыщтахэм, адэ-анэхэм я къалэнхэр ягъэзащIэу сабийхэм якIэлъыплъхэм (опекунхэмрэ попечителхэмрэ). КъинэмыщIауэ, апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу къалъытэ ныбжьыщIэхэу илъэс 18 - 23-рэ хъухэми иратынущ а ахъшэр, апхуэдэхэр курыт школхэм е интернатхэм я еджакIуэу щытмэ. Абыхэм я лъэIу тхылъхэр езыхэм зэрагъэпэщыжми я адэ-анэхэм къабгъэдэкIми хъунущ. ДэIэпыкъуныгъэр къуатыныр епхакъым унагъуэм иIэ нэгъуэщI хэхъуэхэмрэ кърат нэгъуэщI социальнэ ахъшэхэмрэ. ЛъэIу тхылъхэр адэ-анэхэм ягъэхь хъунущ УФ-м и Пенсэ фондым и щIыналъэ къудамэхэм дызэрыт илъэсым и щэкIуэгъуэм и 1 пщIондэ. Абы папщIэ узыхуеину дэфтэр псори а IуэхущIапIэхэм я сайтхэм къыщыбгъуэтынущ. «Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» (Госуслуги) порталыр зи жып телефоным тетхэм мы зэманым къахуокIуэ а дэIэпыкъуныгъэм ехьэлIа дэфтэрхэр, лъэIу тхылъхэр зэрызэгъэпэщыпхъэм ехьэлIа электрон письмохэр. Ахъшэхэр тын щIадзэнущ щыщхьэуIум и I6-м къыщыщIэдзауэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ адэ-анэхэм иджыри тхьэмахуитI яIэнущ, сабийхэр школым хуагъэхьэзырыжын папщIэ.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||




