Унагъуэшхуэхэм яхуэгъэза гулъытэ

Дэтхэнэ къэралми и зэIузэпэщыныгъэр къызэралъытэр абы унагъуэмрэ сабийхэмрэ щагъуэт гулъытэм и лъагагъыращ. УФ-м и унафэщIхэр сыт хуэдэ лъэхъэни хущIокъу бын зыпI унагъуэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуну, мылъкукIэ зыщIагъэкъуэну. Абы и щапхъэщ иужьрейуэ къыдэкIа апхуэдэ унафэр.

Абы ипкъ иткIэ, бынищ е нэхъыбэ щапI унагъуэшхуэхэм иратынущ сабийр зыхуей хуэбгъэзэн папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу узыхуеину ягъэува мардэм хуэкIуэ ахъшэ. Къэралыр зэрыщыту къапщтэмэ, а Iуэхугъуэм псори зэгъусэу хухахащ сом мелард 1,44-рэ.

Къыхэдгъэщынщи, а мылъкур зыхуаутIыпщынур УФ-м хыхьэ щIыналъэхэм ящыщу 17-ращ. Апхуэдэхэм хиубыдащ Къэбэрдей-Балъкъэрри. Ди республикэм щыпсэу бынунагъуэшхуэхэм ядэIэпыкъуным хухахащ сом мелуан 62,9-рэ. Ахэр зратынухэм хеубыдэ зи ныбжьыр илъэси 3 иримыкъуа цIыкIу щапI унагъуэшхуэхэр.

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться: