Белоруссием яшэ мыгъуэри хэт?

ЩэкIуэгъуэ мазэм зэрыщIидзэрэ, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум къиIэпхъукI цIыхухэр мин бжыгъэкIэ Белоруссием деж зэрыщызэтрихьам и хъыбарыр махуэщIэ къэс къыздехь.

Япэрауэ, дэнэ а цIыхухэр къыздикIыр? ЗэрыжаIэмкIэ, Белоруссием и гъунапкъэм деж щIымахуэ къыщрагъэхьэныр натIэ зыхуэхъуа гупыр Иракым, Сирием, Афганистаным, Тыркум, Ираным щыщ цIыхухэщ.

Сыт абыхэм я хэкур ябгынэным щхьэусыгъуэ хуэхъуар? Дауи, шынагъуэншагъэр зэрымащIэрщ. Европэм и къэрал гъунапкъэхэм я хъыбарегъащIэ Frontex IуэхущIапIэм къызэрихутамкIэ, абыхэм я нэхъыбэр Сирием щыщ курдхэщ. Шэми шхуми сес жызыIам ещхьу, ахэр, зы лъэныкъуэкIэ, къэралым игъэтыншыркъым, мыдрей лъэныкъуэкIэ, дин щIэпхъаджащIэхэми гугъу ирагъэхь. Афганистаным тетыгъуэщIэ зэригъуэтрэ щекIуэкIыр ардыдэращ. «ПсомкIи къуаншэр увыIэгъуэ имыIэу муслъымэн къэралхэм зауэ-банэ езыщIылIэ, зи геополитикэ пхэнжымкIэ цIыху цIыкIур гузэвэгъуэ хэзыдзэрей НАТО-рщ», - зэакъылэгъущ захуагъэм тетхэм я нэхъыбэр. Зауэм и кIэр хьэдагъэщ, - жызыIа адыгэри щыуакъым.

Дэнэ а цIыхухэр здэкIуэр? Сыт ахэр хэхауэ Белоруссием деж нэхъ щIыщызэтрихьар? Абы и жэуапыр ди тхыдэми къыщыдгъуэтыфынущ. Зэрыхъу хабзэу, къэрал зыбжанэ зэфI мэхъури, я бийхэм зэран зэрахуэхъуфыну Iэмалхэр цIыху къызэрыгуэкIым и фэм дах. Белоруссием къэрал 76-м визэншэу ихьэну хуитыныгъэ ирет. Аращ и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр а къэралыр кIуэцIрыкIыбжэ щIэхъуам. Ауэ гъуэгу къытеува цIыхухэм здаунэтIыр Европэрщ: Германием, Австрием, Литвам, Латвием. Ауэ щыхъукIэ, Германием цIыху зекIуэнейхэр иригъэхьэну хуейкъым. Псом нэхърэ нэхъ гуащIэу абыхэм къапэщIэувар кIуэцIрыкIыпIэу щыт Польшэм и гъунапкъэхъумэхэрщ.

Политикэ и лъэныкъуэкIэ сыт мыбы и лъабжьэм щIэлъыр жытIэу дыщIэупщIэмэ, Европэм Белоруссиер егъэкъуаншэ, Белоруссием Европэр егъэкъуаншэ. Нэхъыбэм Белоруссие щыжаIэм деж, ялъагъур Урысейрщ, Европэ щыжаIэм дежи я нэгу къыщIэувэр Германиерщ. ЩIагъыбзэм дыкъытекIмэ, Iуэхур зэрыщытыр мыпхуэдэущ. Белоруссием щекIуэкIа хэхыныгъэхэр къабыл зымыщIа Европэм а къэралым и тепщэу щытын хуейр Тихановская Светланэу игъэIуауэ, Лукашенкэ Александр ягъэдзыхэн папщIэ, къэралым «европей тезырхэр» къытралъхьэ. Иужьрейми къикIуэтыну зигъэхьэзыркъыми, Iэпхъуэнухэм я гъуэгур и къэралым пхыкIыу къахузэIуихауэ жаIэ. Урысейм и Президент Путин Владимир дэлэл яхуэхъури, Меркель Ангелэрэ Лукашенкэ Александр зэгурыIуэну хэтащ Германием Iэпхъуэну хуейуэ Белоруссеим деж щызэтрихьа цIыхухэм гъуэгу етын зэрыхуей Iуэхум теухуауэ. Ауэ Германиеми «хъунщ» къахужьэдэшакъым, къызэрагъэпцIар къагурыIуэу Иракым зыгъэзэжахэм я хъыбар зэхыдох, хуэм-хуэмурэ Белоруссием щытIысхэри къахокI. Щхьэм имытым лъакъуэм и мыгъуагъэщи, цIыхухъум къыгурымыIуэр зыгъэв цIыхубзхэмрэ, сабийхэмрэ, зи ныбжь хэкIуэтахэмрэ гугъу йохь. ГущIэгъу Тхьэм псоми къахуищI.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: