Къэбэрдей-Балъкъэрыр наркотик щызрамыхьэлIэ щIыналъэ щIынМэлбахъуэ Т. Къу. и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр наркотик щызрамыхьэлIэ щIыналъэ щIын» республикэ акцэм хыхьэ зэIущIэ щхьэпэ. Абы ирагъэблэгъат Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ колледжым щIэсхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ. КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм, Урысейм и УФСИН-м и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм, Урысей МВД-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэу Налшык къалэм щыIэм, СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэм япэщIэтынымкIэ центрым, КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм, жылагъуэ, волонтёр зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр зыхэта, «Псори наркотикхэм драбийщ» зыфIаща «стIол хъурейр» щыщт Наркоманием ебэныным и дунейпсо махуэм – мэкъуауэгъуэм и 26-м ирихьэлIэу ирагъэкIуэкIыну Iуэхухэм. Библиотекэм и пэIущIэ пэшышхуэм деж къыщызэрагъэпэщат «Наркотикхэм ХЬЭУЭ яжеIэф!» гъэлъэгъуэныгъэ, цIыхухэм мыгъуагъэ куэд къахуэзыхь а щхъухь бзаджэм узэрыпэщIэтыфыну щIыкIэм теухуа плакатхэр, абы и хъым ихуахэм икIи пэлъэщыфахэм, IэщIагъэлIхэм я Iуэху еплъыкIэхэр къыщыгъэлъэгъуа тхылъхэр щызэхуэхьэсауэ.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
|