Айчэ и адыгэгур

Хэхэс щIыналъэм къыщалъхуами, хэкужьыр зэи ямылъэгъуами, адыгэгурэ адыгэпсэрэ яIэу хамэ щIыпIэхэм щыпсэур мащIэкъым. Апхуэдэхэм ящыщщ Тыркум щыпсэу адыгэ бзылъхугъэ Щанэ Айчэ. Адыгэбзэр мащIэу фIэкIа имыгъэшэрыуэми, адыгагъэр зи гъащIэ гъусэ пщащэм мурад ищIри, тхылъ телъыджэ къыдигъэкIащ. Тхылъым и теплъэмрэ и лъэпIагъымрэ хуэдэщ абы щызэхуэхьэса тхыгъэхэри. Адыгэ шхыныгъуэхэм я пщэфIыкIэмрэ халъхьэхэмрэ нэмыщI, тхылъым сурэт дахэхэр ихуащ. А псоми егугъуу, егупсысауэ, купщIэшхуэ иIэу игъэхьэзыращ хэхэс хъуа и лъэпкъым гууз-лыуз хузиIэ Айчэ.

Пщащэ жыджэрым къыджиIащ мыр адыгэ ерыскъым и мызакъуэу, адыгэ тхыдэми зэрытеухуар. Езы Айчэ адыгэхэр нэхъыбэу щызэхэс Кахраманмараш къалэм къыщалъхуащ. Къыщыхъуари адыгэбзэр щагъэшэрыуэ, адыгэ ерыскъыхэр щапщэфI унагъуэ дахэщ.

Мараш щапщIэфIхэмрэ и унэм щIэс анэшхуэм игъэхьэзыр ерыскъыхэмрэ зэрызэщхьэщыкIым, ахэр щIызэмыщхьым щызыгъэгъуэзар и анэшхуэрщ. Кахраманмараш къалэм курыт еджапIэр къыщиуха нэужь, пщащэр Анкара дэт университетым лъэпкъыбзэхэр щадж и факультетым щIэтIысхьэри, хьэрыпыбзэм хуеджащ. 2002 гъэм ар къиухри, Иорданием кIуащ, и щIэныгъэм щихигъэхъуэну. Абы щыгъуэм Иорданием щыпсэу адыгэ куэди зригъэцIыхуауэ щытащ икIи фIэгъэщIэгъуэну зыщигъэгъуэзащ хьэрыпхэм яхэс и лъэпкъэгъухэм ягъэхьэзыр шхыныгъуэхэр зыхуэдэм.

- Тыркум щыхэхэс адыгэхэм адэжь щIэину къыздахьа ерыскъыхэм я пщэфIыкIэмрэ халъхьэхэмрэ зэхуэсхьэсыжын щIэздзэри, гъэщIэгъуэн куэд къэсщIащ. Тхылъыр зэрыщыту къапщтэмэ, адыгэхэм я щыгъуэ махуэм хуэзгъэпсауэ жыпIэ хъунущ. Абы и напэкIуэцIхэм ит сурэтхэм яхыболъагъуэ зи гугъу сщIыр.

Адыгэхэми нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIахэми хуабжьу ягу ирихьащ тхылъыр, щIэупщIэ иIэу къыщIэкIри, щэ къыдэзгъэкIын хуей хъуащ. Уеблэмэ тырку телевиденэм срагъэблагъэурэ сытрагъэпсэлъыхь, и пщэфIыкIэр къызогъэлъагъуэ. Мыбы итхэр адыгэ къуажэхэм, хасэхэм щызэхуэсхьэсащ, Иорданием сыщеджати, абы къисхаи яхэтщ. Шхыным и закъуэкъым цIыхухэм я пащхьэ къисхьэну си мурадар, дэ езым ди хабзэ, ди бзэ, ди тхыдэ, ди щэнхабзэ, ди хэку дызэриIэжыр къезгъэщIэну иужь ситащ. А псори хэкум зэрыдагъэбгынам, хамэ къэралхэм си лъэпкъыр зэрыщызэбгрыдзам еспхыжри, сыкъызыхэкIам и къекIуэкIыкIар мыпхуэдэ тхылъкIэ къэсIуэтащ, - жиIащ Айчэ.

Кхъуейжьапхъэ, жэмыкуэ, тхъурыжь, пIастэ, тхьэмщIыгъуныбэ, лыгъур гъэжьа, пIастэ, нэгъуэщI ерыскъы IэфI куэди ихуащ тхылъым, абыхэм хэкум зэрыщапщэфIым хуэдэу къэнэжаи хэхэсхэм щIэуэ зыгуэр зыхалъхьаи яхэтщ.

Зы гъэщIэгъуэн сыщрихьэлIащ тхылъым. Абы бдзэжьейр зэрапщэфIыр зэримытым нэмыщIи, ар адыгэхэм щIафIэмыфIым и щхьэусыгъуэмрэ иритхащ Айчэ. Хуабжьу гуузщ хы ФIыцIэжьым кхъухькIэ зэпраша адыгэхэм я щхьэ кърикIуам пщащэр зэрытетхыхьыжыр, уафэр я тепIэнрэ къумыр я гъуэлъыпIэу хамэщIым ирапхъа адыгэхэм ящыщ куэдым я хьэдэр хым хэс бдзэжьейхэм зэрашхар етхыж пщащэм. Мис а хъыбарри телъыджэ ящохъу тхылъыр зыIэрыхьэ цIыхухэм икIи итхэр яфIэфу япщэфI.

ДОХЪУШОКЪУЭ Синэ.
Поделиться: