ЦIыхур къыздэбжэ къэхъукъащIэ инхэр

Илъэс меларди 4,54-рэ ирокъу ЩIыр. Дауэ къащIа ар жыпIэмэ, щIымрэ мазэмрэ къыщагъуэта, мывэ нэхъ жьы дыдэу къалъытэхэр яджа нэужь хуэкIуащ а бжыгъэм. Къыхэгъэщыпхъэщ 1956 гъэ лъандэрэ сыт хуэдиз къэпщытэныгъэ ирамыгъэкIуэкIами, щIэныгъэлIхэр а бжыгъэм зэрытемыкIыр. 
Ар гурыIуэгъуэщ, ауэ цIыхум сыт къригъэкIыр ди лъэхъэнэм ипэкIэ (до нашей эры) е ди лъэхъэнэм (нашей эры) жиIэу, зэманыр къыщибжым деж? Сытым къыхэкIыу цIыхум зэхигъэщхьэхукIрэ къызэпича гъуэгуанэр, сыт абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар?
Япэ дищыу къыхэдгъэщынщ лъэпкъ, къэралыгъуэ къэс езым и зэман къэбжыкIэ зэриIэжыр. Псалъэм папщIэ, урымхэм я зэманыр къызэралъытэу щытар Рим къалэр къыщыунэхуам щыщIэдзауэщ – ар ди лъэхъэнэм ипэкIэ 753 гъэращ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, илъэс 2771-рэ ипэкIэ. Мысырым нэгъуэщI Iэмалт къызэрабжыр – зы лIакъуэм и пащтыхьыгъуэр и кIэм нэсу, нэгъуэщI лIакъуэм щыщ къытехьамэ, зэманыр щIэрыщIэу къыщIадзэжурэ къабжырт. 
Иджыпсту дунейм щытепщэр ислъам динымрэ чыристанымрэщи, абыхэм я къэбжыкIэращ нэхъ тцIыхур. Псалъэм и хьэтыркIэ, ислъам диным зэманыр къызэрибжыр Мухьэмэд бегъымбарым епхащ – 622 гъэм бадзэуэгъуэм и 16-м Мухьэмэд бегъымбарым япэ муслъымэнхэр щIыгъуу Меккэм къикIыу Мединэм щыIэпхъуа махуэр. Абы утетмэ, иджыпсту 1439 гъэр йокIуэкI. Юлиан (грегориан) махуэгъэпсымкIэ ди лъэхъэнэм пэщIэдзэ хуэхъуар Хьисэ (Иисус) бегъымбарыр къыщалъхуаращ – илъэс 2018-рэ ипэкIэ. Дуней псор нобэ зытетри аращ. 
Илъэсыр нобэ зэрытцIыхум хуэдэу, мазэ 12-у зэхэлъу, мазэр тхьэмахуиплIу, тхьэмахуэр махуиблу, махуэхэми я цIэ яIэжу зыгъэувар урым пащтыхь Гай Юлий Цезарьщ. Пащтыхьым къыхилъхьа махуэгъэпсым зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ игъуэтауэ, астрономие и лъэныкъуэкIэ пэжу къабжа илъэс гъэпсыкIэм 1582 гъэм Iэ тридзауэ щытащ Урым Папэ Григорий ЕпщыкIутIанэм. Аращ махуэгъэпсым юлиан/григориан щIыфIащари. 
Абыхэм нэмыщI иджыри щыIэщ махуэгъэпс зыбжанэ: вавилон, вьетнам, журт, иран, майе, тибет, шумер, япон махуэгъэпс, нэгъуэщIхэри. 
Ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэс дапщэм деж къебжыхын щыщIидзар цIыхум жыпIэмэ, абыи жэуап иIэщ. «Доисторическая эпоха» (ди лъэхъэнэм и пэр) фIащауэ тхыдэм хэтщ зэман пычыгъуэ– цIыхур цIыху сэфэтым иту дунейм къыщытехьа зэманым къыщыщIэдзауэ, тхэуэ, сурэт ищIу щиубла зэманым нэс къибжу. А зэманым къриубыдэу цIыхум зригъэсащ Iэщэ ищIу, щакIуэу, илъагъу псори сурэту мывэм, бгъуэнщIагъ блынхэм тридзэу. ЗэрытщIэщи, цIыхур дунейм и гъунапкъэ псоми зэхуэдэу, зы зэманым щыпсэуакъым, атIэ языныкъуэ щIыпIэхэм нэхъ гувауэ Iэпхъуащ. Аращ къызыхэкIар щIыпIэ-щIыпIэкIэ къыщагъуэт Iэщэхэм, тхыгъэхэм, Iэмэпсымэхэм я ныбжьыр зэрызэхуэмыдэр, аращ къызыхэкIари лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я зэманыр къызэрабжри зэрызэтемыхуэр. 
Дызытепсэлъыхь лъэхъэнэм («досторическая эпоха») зэманыр къызэрибжымкIэ, япэ дыдэу дунейм цIыху – Iэдэм – къыщытехьар ди лъэхьэнэм ипэкIэ илъэс 5539-кIэ узэIэбэкIыжмэщ. Юлиан махуэгъэпсымкIэ къыубжмэ (2018+5539) – илъэс 7557-рэ ипэкIэ. АпхуэдизкIэ зоIэбэкIыж нобэрей цIыхур зэманыр къыщибжкIэ. 
Мы къэбжыкIэм теухуауэ зэгурымыIуэныгъэ щыIэщ, ар мыпэжу къэзылъытэхэри куэдщ. А зэман жыжьэм (ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэс мини 7-4-хэм) щыIар неолит жыхуаIэ лъэхъэнэращ – цIыхухэр щакIуэу, щIым телажьэу, Iэщ зэрахуэу зыщрагъэса зэманыр. А зэманращ япэ дыдэ хьэкъущыкъухэри, щэкIри, мывэм къыхэщIыкIа Iэщэхэри дунейм къыщытехьар. УкъеIэбыхмэ, ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэс мини 4-1-хэм цIыхум домбеякъым ирилажьэу зригъэсати, а лъэхъэнэм «домбеякъ лъэхъэнэкIэ» еджэ хъуащ. ИужьыIуэкIэ, абы «гъущI лъэхъэнэр» къыкIэлъыкIуащ. Абы ирихьэлIэу Мысырым япэ лIакъуэмрэ етIуанэмрэ ящыщ фирхьэунхэм я щIыр зэхагъэхьэжри, къэралыгъуэ къагъэунэхуауэ зэрахьэрт, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 2850 - 2450 гъэхэм шумерхэм я экономикэм и зыIэтыгъуэт, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 2800 - 1100 гъэхэм пасэрей Алыджым и щэнхабзэм и щIэрэщIэгъуэт, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 1190-м гъэм зэгуэр пащтыхьыгъуэ абрагъуэу щыта Хьэт къэралыгъуэр щэщэжагъэххэт, Вавилоным и къару илъыгъуэу, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 1126 - 1105 гъэхэм Навуходоносор и пащтыхьыгъуэр «уей-уей» жригъэIэу зрихьащ, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 331 гъэм Кавказым къыщыунэхуащ япэ дыдэ къэралыгъуэр, 327 гъэм Македонский Александр Индием езауэрт. 
Зэрытлъагъущи, илъэс мини 7-м къриубыдэу цIыхум къыгурыIуащ дунейм псэущхьэу тетым нэхърэ езыр зэрынэхъыщхьэр, абы и закъуэ къигупсысащ адрей планетэхэмрэ вагъуэ жыжьэхэмрэ зэрынэсын Iэмалхэр. ЖыпIэнуракъэ, зиужьащ. Языныкъуэхэм къащохъу цIыхум апхуэдизу зиужьыным зэман нэхъыбэ текIуэдауэ, языныкъуэ щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, илъэс мини 7-р куэд дыдэщ. Хэт ищIэрэ, къыдгурымыIуэ гуэрхэри хэлъынкIи хъунущ…
 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: