Адэм жиIэр фIэкIыпIэншэт

Дэтхэнэ унагъуэми хабзэ щхьэхуэ яIэт, «зэгъунэгъуитl я мэл бжыкIэ зэщхькъым», жыхуаIэм хуэдэу. ЦIыхухэм я гупсысэкIэр зэрызэхуэмыдэм ещхьт хабзэри зэрызэхуэмыдэр. Псалъэм папщIэ, унагъуэм зэдисщ: адэ-анэ, къуэ, пхъу, нысэ. Ауэ а гупым псоми я унафэр щхьэж зэрыфIэфIым хуэдэу иригъэкIуэкIтэкъым. А псоми я унафэр зыщIыр адэрт. Мылъкури унагъуэ Iуэхури зи пщэ дэлъыр адэрат. Къуэуи пхъууи щрет, адэм и унафэншэу зыгуэр къащэхунуи ящэнуи хуиттэкъым. Къащэхунуми къызэращэхун ябгъэдэлътэкъым. Къуэм и фыз е и бын щхьэкIэ зыгуэр къищэхуну eмыкIут, хабзэншэт и адэр псэууэ, езыхэр зэхэсу щытмэ. Уеблэмэ, «си фызым, си быным зыгуэр къыхуэщэхун хуейщ», жиIэну хуитыныгъэ иIэтэкъым. Хэт сыт хуейми (быным ящыщу) зылъагъунури къэзыщэхунури адэрат.

Унагъуэм зыгуэр кърахьэлIэми, зыгуэр къахэхъуэми зыбгъэдыхьэр адэрат. Бынхэм ящыщ зыгуэрым и щхьэм папщIэ, и фыз, и бын щхьэкIэ унафэ ищIмэ, адэм идэнутэкъым, «Хьэмэ къилъхуа, унафэр уэ уи деж къэса!» - жиIэнурэ. Ар апхуэдэу щIыщытар, иджы хуэдэу къызыхэкIри зыхыхьэжри ямыщIэу унагъуэм хэ­хъуапIэ куэд зэримыIар арат. Ар зэщхьу щытар: аргъуейм и куэпкъыр къутауэ Iэзэ къашати, «къупщхьэр къыхэхын хуейщ» щыжиIэм, «къызыхэпхми еплъ, зиус­хьэн, зыхэплъхьэжми еплъ!» - жиIащ жи аргъуейм. Абы ещхьу, а зэманым къызыхахыни зыхалъхьэжыни ямыгъуэту щытащ.

Гъавэ тIэкIу къалэжьмэ, зращэнрэ зыщэхунрэ ямыгъуэту яфIэкIуэдыжт. Я фIэщ кърагъэкIмэ, къуажэм ты­куэн щызиIэхэм щэкI Iэрымылъхьэ тIэкIу, хьэбыршыбыр гуэрхэр къратти, я гъавэ тIэкIур уасэ пудкIэ IэщIагъэкIырт. Ари адэм и унафэт. Мис а зэхэтыкIэм теухуауэ быным я жыпым зэи ахъшэ кIуэртэкъым.

Унагъуэм къэрал къулыкъукIэ ахъшэ итын хъуми, ар зи Iуэхур адэрт. Унагъуэм ахъшэ щIыхуэ телъу ипшыны­жын хъуми, зи пщэ дэлъри зэпсэлъэнури адэрат ар­мыхъумэ, быным я Iуэху зыкIи хэлътэкъым.

Унагъуэм щхьэкIэ Iэщу щрет, къинэмыщI ирехъу, къэщэхуныр зи Iуэхур арат. Абы щыгъуэм апхуэдэ къэщэхушхуи щыIакъым.

Щыгъыныжь тIэкIу яIэмэ, лэжьэху ящыгът, уеблэмэ езым щы­щыр къыпхуэмыщIэжыху ядыжт. Ари адэм и гурыфI къикI­мэ, къахуищэхут, къимыкIмэ, я лыр къищу къакIухьырт.

Лэжьыгъэм и IуэхукIэ унагъуэм иригъэкIуэкIын хуей псоми унафэр зыIэщIэлъыр адэрт. Быныр нэху къызыхуекIыну лэжьыгъэр зыхуэдэм и унафэр пщыхьэщхьэм адэм ищIырт.

Нэмыс зэрылъ унагъуэм къыщыхъу бынхэр адэм дэтIысу дэшхэртэкъым. Ауэ и къуэ нэхъыжь дыдэр здигъашхэу къэхъун­кIэ хъурт. Абы и ныбжьыр хэкIуэтауэ щытмэ, eмыкIy къы­хуэзыщIын хьэщIэ щымыIэмэ.

Быным ящыщ зы щIыпIэ кIуэну мурад ищIмэ, адэм имыщIэу, абы и унафэншэу ежьэну хуиттэкъым. Адэм сыт къыжриIами, быныр пэпсэлъэжтэкъым.

Адэ зиIэ къуэм «къысхуэфшэ» жиIэртэкъым. И адэр псэууэ, «фыз къэс­шэн хуейщ», жиIэу езым хьэрычэт ищIынутэкъым. Абы къишэн хуейрэ хуэмейрэ адэм ищIэрт, унафэр зы­IэщIэлъри арат. Ар зытеухуар уасэу ятын хуей мылъкур адэм иIэ-имыIэрт.

Къуэм къишэн имыдэми, адэм мурад ищIамэ, Iуэхум кIэ игъуэтат. КIэщIу жыпIэмэ, къуэм и фыз къэшэныр зэлъытар адэм унафэ зэрищIт.

Апхуэдэ дыдэу, къуэм и фызыр иригъэкIыжыну му­рад ищIми, адэр арэзы хъууэ хуит имыщIауэ, иригъэкIыж хъунутэкъым.

Хабзэ зэрылъ адыгэ унагъуэм сабийхэри балигъхэри зэдагъашхэртэкъым. Шхэгъуэ зэрыхъуу, япэщIыкlэ сабийхэр ягъашхэрти, итlанэ балигъхэр шхэрт. Ар апхуэдэу щlащIым щхьэусыгъуэ Iэджэ иIэт: сабийхэр балигъхэм ядэшхэу есэмэ, хьэщlэ щысми Iэнэм тефыщlыхьынкIэ хъунут. Сабийр умыгъашхэу къоплъу ушхэмэ, сабийр Iумацlэ, шхын щlэхъуэпс хъунут. Сабийр мэжэщlалlэу Iэнэ бгъэувмэ, хьэщlэ щысми къамыгъанэу Iэнэм теIэбэнут

Адыгэ хабзэмкlэ, хьэщlэ зыбгъэдэс Iэнэм сабий теlэбэну eмыкIут.

Гъэсэныгъэ хабзэ зэрымылъ унагъуэм, шхэгъуэ зэрыхъуу сабийхэр щIыбым щlахурти, шхэн яухыху къыщlагъыхьэртэкъым. Апхуэдэ сабийр шхынкIэ IумацIэ мыхъункlэ Iэмал иIэтэкъым. Сабийм пэбубыд псомкIи IумaцIэ мэхъур, абыкlэ нэпсей мыхъуну хузэфIэкIкъым. Мис арат сабий мэжалIэ къенэцIу щIэмышхэр.

Акъыл зиIэ фызым сабийхэр адэм дигъашхэртэкъым. Унагъуэри лэжьыгъэри зи пщэ дэлъ лIым нэхъ къару зиlэ шхын иригъэшхырт. ФызыфIыр лIым хуэсакъырт и шхынкlи и тыншыпIэкIи. Апхуэдэ нэмыс зэхуаIэт адэмрэ бынымрэ.

Поделиться: