Я гупэр хуагъэзэж

ЩIы хъурейм и Ипщэ тIыгур - Антарктидэр - куэдым къазэрыщыхъур лъэр здынэмыс, уэсылъэ щIыпIэ нэщIущ. Апхуэдэхэр, дауи, щыгъуазэкъым абы зыми емыщхь континент щхьэхуэ щыхъума зэрыхъуам. Марс планетэм и щIыIэбжь ямылейм сыткIи техуэрэ езым и метеорит гъэтIылъыгъэхэри иIэжу. Хьэршым къикIа мывэу дуней псом щызэхуахьэсам и процент 60-м хуэдиз Антарктидэм и закъуэ къыщагъуэтащ икIи абыхэм я бжыгъэр мини 5-м нос.
Метеоритхэр дэнэ щIыпIи щехуэхынкIэ мэхъу, ауэ зи ныбжьыр илъэс миным къыщыщIэдзауэ мелуаным нэса апхуэдиз метеорит щызэтрихьа зы щIыпIи зы плIанэпи щIы хъурейм къыщыбгъуэтынукъым, Антарктидэм фIэкIа.
Уафэм къех метеоритхэр абы и мыладжэхэм хохуэ. Мылхэри я пIэм имыкIыу иткъым - нэхъ лъагапIэхэм щыIэхэр къокIуэтэх, гъунапкъэ гуэрым нэсу къызэтригъэувыIэху. Куэду зэтрихьа мылыр Антарктикэ жьыбгъэ гуащIэм ирегъэгъущыкI, а щIыпIэм щызекIуэ уаеми емылъытауэ. Мылым хэлъа метеоритхэр дэнэ кIуэн? - а зы щIыпIэм щызэтрехьэ илъэс зы мелуаным нэсауэ. А гъэтIылъыгъэхэрщ дунейм щIэныгъэлIу тетым нобэ я плъапIэр.
Метеоритхэм языныкъуэхэр астероидхэм я къутахуэщ, зэзэмызэххэ абыхэм къахохутэ Мазэмрэ Марсымрэ къикIахэри, ауэ а щыIэм я нэхъыбэр щIэныгъэлIхэм къызэралъытэр дунейр къызэригъэщIрэ къэна кIэрыхубжьэрыхуущ. Ахэр щIым нэхъри дыгъэм нэхъри нэхъыжьщ икIи сыт щыгъуи зызыхъуэж щIым елъытауэ метеоритхэр а зэрыщытщ, я щэхур яхъумэ. Абыхэм я сэбэпкIэ щIэныгъэлIхэм дяпэкIэ щыуагъэншэу къахутэнущ дыгъэмрэ хьэрш пкъыгъуэхэмрэ я зэхэлъыкIэр. Ахэр космосым къыщыпщыпу щIым къэпхьэсыну икъукIэ гугъущ, куэди текIуэдэнущ. Аращ уафэм насыпджэшу езыр-езыру къахуехар къыщIалъыхъуэр.
Хьэрщ мывэхэм я закъуэкъым Антарктидэм и уафэм щехыр. Абы щаухуауэ щыIэщ космосым и нейтринэ пкъыгъуэхэр къэзыгъэлъагъуэ Iэмэпсымэ (детектор) нэхъ ин дыдэр. Ар къызыхэщIыкIар километр зэбгъузэнатIэ зи инагъ, километри 2,5-кIэ куууэ хэлъ мыл гъэжа зэпэплIимэщ. Абы датчикыу мини 5 тегуэшауэ тетщ, дэнэкIи къикI нур хъуаскIэхэр къагъэлъагъуэу.
«НейтринэкIэ» зэджэр электрокъару зыбгъэдэмылъ пкъыгъуэ (частицэ) псынщIэ цIыкIу дыдэхэрщ. Абыхэм зыкIи къафIэIуэхукъым щIым узыщрихьэлIэ адрей пкъыгъуэхэм я зэтехуэныгъэхэри зэпэщIэуэныгъэхэри - езыр-езыру, пэрыуэншэу, планетэхэми вагъуэхэми япхокI, я щытыкIэми зыкIи зимыхъуэжу. Абыхэм къыздахь щIым, дыгъэм, хьэрш гъуанэ фIыцIэхэм ятеухуа щэху куэд. Зи гугъу ящI детекторхэм щIым и атмосферэм къыщыунэху нейтринэ лIэужьыгъуэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, щэ бжыгъэкIэрэ къегъэлъагъуэ икIи ахэр лъащIэ папщIэу къигъэсэбэп даущ макъ къудейуэ аращ - космосым и нейтринэ гъуэтыгъуейхэр илъэс псом хуэзэу зэ е тIэу нэхъыбэрэ къахуехмэ, къахуищIэну псор къахуищIауэ къалъытэ. Ар зэлъытыжари детекторхэм я инагъырщ. Абыхэм щIэныгъэлIхэр дяпэкIэ щагъэгъуэзэнущ хьэршым щызекIуэ къару нэхъ лъагэ дыдэхэм я космос нейтринэхэр къызэрыунэхум.
Къэбэрдей-Балъкъэрырщ Совет къэралым и нейтринэ станц нэхъ ин дыдэр щаухуауэ щытар. Ар Тырныауз къалэм и Iэхэлъахэм хуозэ. Къэралыр щылъэлъэжа лъэхъэнэм а ухуэныгъэ телъыджэр ирашу, а зэманым зэрыхуа щытыкIэ гугъум къыхуагъэсэбэпыну хэтащ, арщхьэкIэ Iуэхур къызэтрагъэувыIэжауэ щытащ щхьэусыгъуэ щхьэхуэхэмкIэ. А станцым и Iэгъуэблагъэм къыщыунэхуауэ щыта жылэм иджыпсту зэрихьэри а пкъыгъуэ телъыджэм и фIэщыгъэрщ - Нейтринэ.
Космосыр зыдж щIэныгъэлIхэм Антарктидэм я гупэр щIыхуагъэзам нэгъуэщI къежьапIи иIэщ: ар щIымрэ космосымрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр къыщахутэ лабораториеу зэрыщытрэ куэд щIащ. Мыл къум гъунапкъэншэм и гъуэгуаехэмрэ къызэрымыгуэкI дуней щытыкIэмрэ зезыпщыта къэхутакIуэ, журналист Глянцев Анатолий дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, псом нэхърэ нэхъыщхьэжщ, нобэ дунейпсо щIэныгъэлIхэм я пщIыхьым хэмыкI Марсым сыткIи зэрырагъэщхьыр. «Планетэ плъыжьыр», фызэрыщыгъуазэщи, щIыIэ уейщ, уеблэмэ, экваторым пэмыжыжьэ щIыпIэхэми щIыIэр градус 40-м щыфIиш зэпыту. Ар сыткIэ яфIэгъэщIэгъуэн «Восток» станцым щылажьэхэм, езыхэр градус 55-м щыхэткIэ. 1983 гъэм бадзэуэгъуэм и 21-м а щIыпIэм щIыIэр градус 90-м щынэблэгъауэ щытащ, щIэныгъэлIхэр дунейм и къэхъукъащIэхэм кIэлъыплъын зэрыщIадзэрэ апхуэдэ уае къэмыхъуауэ.
Марсым псом хуэмыдэу нэхъ ещхьыр Антарктидэм и Мак-Мердо щIыпIэрщ. Ар мылыншэщ икIи гъущэщ. Абы къыхэкIыу космосым яутIыпщ техникэхэри цIыхухэри щагъэунэху комос зэIухам итри ари тIури зыщ: уае ямылейр, щIым и Ипщэ тIыгум и жэщ кIыфI зыми емыщхьыр, мазэ бжыгъэкIэ къуэмыхьэ дыгъэм кърисыкI нитIыр, узэрыбауэ хьэуар зэрыщымащIэр.
Псалъэм папщIэ, 1960, 1970 гъэхэм «Восток» станцым щадэлэжьащ космосым ягъэлъэтэнухэм. Зэман кIыхькIэ ар зэпагъэуа нэужь, 20I8 гъэм щIэрыщIэу Iуэхур зэтраублэжащ, мазэр куууэ щIэпщытыкIыныр къэрал куэдым я плъапIэ зэрыхъуам къыхэкIыу.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: