|
Спорт
5 февраля, 2020 - 05:00
«Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ КIэбышэ Заур зыгъэсэныгъэхэр ирегъэкIуэкI.
Зыгъэпсэхугъуэ зэманыр яухри, «Спартак-Налшыкым» и футболистхэмрэ унафэщIхэмрэ тхьэмахуитI ипэкIэ къызэхуэсыжащ. Абы ирихьэлIэу командэм и тренер нэхъыщхьэри ягъэуващ – ар иужь илъэсхэм гупым и тренер нэхъыжьу лэжьа КIэбышэ Заурщ.
31 января, 2020 - 05:00
Куэдрэ къэхъуркъым гъащIэм и унэтIыныгъэ гуэрым ехъулIэныгъэ инхэр щызиIа цIыхум езым ефIэкIыжыфа гъэсэнхэр къыщIэхъуэу. Апхуэдэ закъуэтIакъуэхэм ящыщщ шууей цIэрыIуэ Совет Союзым щэнейрэ и чемпион, Урысей Федерацэм пщыкIухрэ щытекIуа, шы спортымкIэ дунейпсо категорие зиIэ судья, къэралым щIыхь зиIэ и тренер Къуныжь Мухьэрбий. Абы и гъэсэнхэм куэду къахэкIащ Олимп Джэгухэм, дунейпсо, европэпсо, къэралпсо зэпеуэхэм я дыщэ медалхэр къэзыхьахэр.
29 января, 2020 - 05:00
Илъэс 31-нэ хъуауэ гъэ къэс, щIышылэ мазэм и кIэухым, ди къэралым и бэнакIуэ хуитхэм я зэпеуэм зэрыщIадзэр тIэунейрэ Олимп чемпион, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Ярыгин Иван и дунейпсо фэеплъ зэхьэзэхуэращ. Ди лъахэгъу Урыш Анзор нэхърэ нэхъыбэрэ абы ирихьэлIарэ дамыгъэ лъапIэ нэхъыбэ къыщызыхьарэ щыIэу фIэщщIыгъуейщ.
24 января, 2020 - 05:00
Совет Союзым футболымкIэ и чемпион Iэпщэ Александр къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъур дыгъэгъазэм и 19-м щагъэлъэпIа Лъэпкъ библиотекэм и щIэджыкIакIуэ пэшышхуэм щIэзу къызэхуэсат Къэбэрдей-Балъкъэрым и топджэгум и лъабжьэр зыгъэтIылъа икIи къэралпсо утыкум ехъулIэныгъэкIэ изыша щIалэ ахъырзэман куэд.
22 января, 2020 - 05:00
2020 гъэр зи чэзу Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр щыщыIэ илъэсщ. Японием и къалащхьэ Токио бадзэуэгъуэм (июлым) и 24-м щыщIэдзауэ шыщхьэуIум (августым) и 9 пщIондэ щекIуэкIыну зэхьэзэхуэ иным хэхуэну я хъуэпсапIэщ дэтхэнэ спортсменми. Иджы щегъэжьауэ ахэр абы иризоныкъуэкъу. Япэу а гъуэгуанэ гугъум теувахэм ящыщщ бэнакIуэхэр. ДяпэкIэ ахэр зыхэтыну зэхьэзэхуэ нэхъыщхьэхэр Токио хуэзышэ лъагъуэщ.
17 января, 2020 - 05:00
БлэкIа лIэщIыгъуэм и блыщI гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым хуабжьу зыщиужьыжу щIидзащ спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэм. НыбжьыщIэхэм щэ бжыгъэкIэ секцэ зэмылIэужьыгъуэхэм зыхрагъатхэрт - псори щIэхъуэпсырт лъагапIэ инхэр зыIэрагъэхьэну. Абыхэм яхэтащ бэнэкIэ хуитымкIэ иужькIэ Европэм и щIалэгъуалэ чемпионатым щытекIуа ХьэцIыкIу Тимури.
15 января, 2020 - 05:00
Гъуащхьэтетыр IэнатIэ нэхъ гугъу дыдэхэм, жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъхэм сыт щыгъуи хабжэ. Абы и джэгукIэм къанэ щIагъуэ щымыIэу елъытащ дэтхэнэ гуп зэпэщIэтыныгъэми кърикIуэнур. Адрейхэм я щыуагъэхэр нэгъуэщIхэм ягъэзэкIуэжыфынуми, гъуащхьэтетым ейр ухэзыгъащIэщ икIи а къалэным тегушхуэр закъуэтIакъуэщ. Апхуэдэ IэнатIэ хьэлъэм, ауэ пщIэшхуэ зыхуащIым, пэрытщ «Спартак-Налшыкым» и гъэсэн зэкъуэшхэу Щоджэнхэ Борисрэ Азэмэтрэ. Ахэращ ди нобэрей тхыгъэр зытеухуар.
31 декабря, 2019 - 05:05
ЛъагапIэм щхьэпрылъынымкIэ мы гъэм ехъулIэныгъэ инхэр дунейм щызыIэрызыгъэхьа ди лъахэгъу Ласицкене (Кучинэ) Марие атлетикэ псынщIэмкIэ дызэрыт илъэсым и спортсмен нэхъыфIу Урысей Федерацэм къыщалъытащ. Абы и гъэсакIуэ Габрилян Геннадий къэралым и тренер нэхъыфI хъуащ.
27 декабря, 2019 - 05:00
ЕтIуанэ Iыхьэ
Чемпионыгъэм нэсыпахэт
ШыщхьэуIу (август) мазэм Эстонием и къалащхьэ Таллин щекIуэкIа спорт бэнэкIэмкIэ щIалэгъуалэм я дунейпсо чемпионатым Шыбзыхъуэ Аликрэ Гъуэныбэ Iэуесрэ дыжьын медалхэр къахуихьащ.
25 декабря, 2019 - 05:00
Япэ Iыхьэ
2019 гъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм яхуэфIащ. А илъэсым абыхэм къахэкIащ дуней псом, Европэм, Урысей Федерацэм щытекIуахэр, уеблэмэ, Олимп Джэгухэр щымыIами, и дыжьын медалыр зыIэрыхьари. Ахэр фигу къэдгъэкIыжынщ.
Страницы
|