Къэралым щынэхъыфIу къалъытэ![]() ЛъагапIэм щхьэпрылъынымкIэ мы гъэм ехъулIэныгъэ инхэр дунейм щызыIэрызыгъэхьа ди лъахэгъу Ласицкене (Кучинэ) Марие атлетикэ псынщIэмкIэ дызэрыт илъэсым и спортсмен нэхъыфIу Урысей Федерацэм къыщалъытащ. Абы и гъэсакIуэ Габрилян Геннадий къэралым и тренер нэхъыфI хъуащ. Атлетикэ псынщIэмкIэ урысейпсо федерацэм илъэсым кърикIуахэр къыщапщытэжа конференцым и лIыкIуэхэмрэ спортым дихьэххэмрэ Iэ зэраIэтам ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщхэу Ласицкене (Кучинэ) Мариерэ зэрысабийрэ абы и тренер Габрилян Геннадийрэ апхуэдэу лъагэу я пщIэр яIэтащ.
Поделиться:
Читать также:
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
| ||





