|
Календарь событий
27 мая 2022
27 мая, 2022 - 18:41
Ди анэм къиIуэтэжа хъыбархэм щыщщ
Адэ пасэм щыгъуэ ди жылэм дэсащ зы щхьэлтет, быдэрэ быдэу, гущIэгъуншэрэ-гущIэгъуншэу.
Зэгуэрым, щхьэлтетыр IуэхукIэ хамэ къуажэ кIуауэ къэту, мафIэ къыщIэнэри щхьэлыр исащ.
27 мая, 2022 - 17:39
Адыгэм «лъэпкъкIэ ухэт?» жыпIэрэ уеупщIмэ, иныкъуэхэм «сыбеслъэнейщ», «сыбжьэдыгъущ», «сыкIэмыргуейщ», «сыкъэбэрдейщ» жаIэ. ЩыIэщ адыгэр лIакъуэ-лIакъуэкIэ фымыгуэш, дэ псори дыадыгэщ жызыIэхэри. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, щыIэщ адыгэ лъэпкъым къудамэ пщыкIутIу зэригуэшым зыри хэзмыщIыкIыххэхэр.
27 мая, 2022 - 16:33
Абын – аращ зэреджэр 1835 гъэм быдапIэ папщIэу яухуауэ щыта Абинск къалэ цIыкIум пхрыж псым. Километр 81-рэ зи кIыхьагъ псыр Адэгум зи фIэщыгъэ нэхъ псышхуэм холъэдэж. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, „Абын“ цIэр „мэз“ мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна „абнэ“ псалъэм къытепщIыкIащ.
27 мая, 2022 - 16:24
Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Гордость Кавказа» сабий-ныбжьыщIэ IуэрыIуатэ-къэфакIуэ ансамблым Гран-при саугъэтыр къыщихьащ Сочэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа «Весеннее скерцо» урысейпсо фестиваль-зэпеуэм.
27 мая, 2022 - 15:34
Мэзкуу областым хыхьэ Ершовэ щIыпIэм щекIуэкIащ лIэужьыгъуэ псори щызэхуэхьэса каратэмкIэ Урысей Федерацэм и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэ.
27 мая, 2022 - 13:28
Щалъхуа лъахэм и щхьэхуитыныгъэм щIэзэууэ Хэку зауэшхуэм зи щхьэр хэзылъхьа хьэтIохъущыкъуей щIалэхэм – Гъуэрдэгъуэжь зэшхэм – я фэеплъ плIанэпэ иджыблагъэ къыщызэIуахащ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, КIурашын ТIэхьир и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №1-м.
27 мая, 2022 - 12:24
Астрономхэм хьэршым аргуэру къыщахутащ дыщыпсэу ЩIы Хъурейм зыгуэрхэмкIэ хуагъадэ планетэ.
27 мая, 2022 - 11:18
Хэку зауэшхуэм и лъэужьыр ноби кIуэдакъым. Зауэм хэтахэм къакIуа илъэсиплI гъуэгуанэр нэщхъеягъуэрэ гугъуехь куэдкIэ гъэнщIауэ щытащ. Дэтхэнэ ветеранми и гукъэкIыжхэм узыIэпашэу уодаIуэ, дэтхэнэми и хъыбарым езым и щхьэхуэныгъэ иIэжщ. Апхуэдэу гъуэгуанэ гъэщIэгъуэн къызэринэкIащ Хьэтуей къуажэм дэс БетIрожь СулътIан. Сыхуейт абы и гукъэкIыжхэмкIэ сывдэгуэшэну.
Сабиигъуэ
27 мая, 2022 - 10:15
Урысейм и щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, Къэбэрдей - Балъкъэрым щыбагъуэу хуежьащ дыкъэзыухъуреихь дунейм мащIэу фIэкIа узыщримыхьэлIэж къуршыбгъэхэр.
27 мая, 2022 - 09:11
Библиотекэхэм я урысейпсо махуэщ. А махуэм, 1795 гъэм, цIыху куэд зэуэ зэкIуалIэ хъуну, Санкт-Петербург къыщызэIуахыну Императорскэ библиотекэм и унэм и проектым арэзы техъуащ Урысейм и пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэр.
Санкт-Петербург къалэм и махуэщ. 1703 гъэм Пётр Езанэм Нева псы Iуфэм деж щигъэтIылъащ Петропавловск быдапIэм и лъабжьэр. Абдеж къыщежьауэ щытащ иджырей ищхъэрэ къалащхьэм и ухуэныгъэр.
ГъущI зэпызыгъавэм и махуэщ
Европэм щагъэлъапIэ зэгъунэгъухэм я махуэр
|