Календарь событий

31 мая 2022

Япэ лъэбакъуэхэр

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрымрэ медицинэмкIэ и къудамэмрэ зэIущIэ гъэщIэгъуэн иджыблагъэ щекIуэкIащ. Дохутыр IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтауэ а IэнатIэмкIэ лэжьэну къызыпэщылъ щIалэгъуалэмрэ медицинэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэмрэ щызэхуэза зэIущIэр университетым гъэкIэ щекIуэкIхэм яхуэмыдэу, къудамэ къэс щхьэхуэу зэхашэмэ, щхьэж и IэщIагъэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр къызыгурыIуэ, дэтхэнэми и зэхэщIыкIымрэ зэфIэкIымрэ къыщылъагъуэ зэхуэсу зэхашэмэ нэхъыфIу къалъытащ къызэгъэпэщакIуэхэм.

Абиширэ-Ахубэ

Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэ бгылъэ щIыналъэщ, къурш тхыцIэ, шытх теплъэ зиIэщ. Лабэшхуэ и тIуащIащхьэхэм къащхьэщыт Загедан Iуащхьэм (метр 3099-рэ и лъагагъщ) и джабэщIхэмкIэ къыщIедзэри къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Джэмэрыкъуэ щыгум (метр 3I80-рэ и лъагагъщ) йоуалIэ. Иужьрейм къэрэшейхэм, кIуэ ар къызыхахар уэ къащIэ, «Джемараклы-Тебе» фIащащ.

ЩIы IэмыщIэ

- Хамэм къыпхуишия хьэлур егъэхыгъуейщи, хамэщI ухуэзышэ гъуэгуанэр хьэлъэщ, - жиIэри и хъыбарыр къригъэжьащ си ныбжьэгъушхуэ КIэву Аайсэ. - Си ныбжьыр илъэсипщIым нэса къудейуэ арат, дэ - си адэ-анэр, сэрэ си шыпхъу цIыкIумрэ - фелюгэкIэ зэджэ кхъухь цIыкIухэу Тыркум кIуэхэм щыщ зым драгъэтIысхьэу дыщежьам. Дэ истамбылакIуэ дыхъуати, ди гум къыщIитхъыу къызэднэкIат дыщалъхуа Апсны - Абхъаз щIыналъэр.

Журт лIыхъужьхэм адыгэ фащэ ящыгъыу

Репиным и цIэр зезыхьэ, Санкт-Петербург дэт СурэтыщI академием накъыгъэм и 19-м щегъэжьауэ щокIуэкI СэвкIуий Хьэмид «Маккавей зауэхэр» зыфIища и гъэлъэгъуэныгъэр. Абы хэт лэжьыгъэхэр ихуэнущ сурэтыщIым «Тхылъ лъапIэхэр» зыфIища и альбомыщIэм.

Балъкъэр Щамил: «Си Хэкум щыпсэухэр гу къабзэщ, псэ хьэлэлщ»

Балъкъэр Щамил хэхэс адыгэхэм я щIэблэщ, ар Сирие Республикэм и къалащхьэ Дамаск къыщалъхуащ. Хэкужьыр зи плъапIэу псэу абы и адэ-анэхэу Умаррэ Бахиджэрэ хъуэпсапIэу яIэт я лъэпкъым и къуэпсыр къыщежьэ щIыналъэр я быным ирагъэгъуэтыжыну. Нэхъыжьхэм я хъуэпсапIэр Тхьэм нахуапIэ яхуищIащ. Хэкур зэрызрагъэгъуэтыжам, абы щекIуэкI псэукIэм зэрыхэзэгъэжам и гугъу къытхуищIыжащ Щамил.

КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПАРЛАМЕНТЫМ И УНАФЭ»

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щрагъэкIуэкI щIалэгъуалэ политикэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым УНАФЭ ЕЩI:

  1.  «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щрагъэкIуэкI щалэгъуалэ политекэм теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
  2.  А Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIэIу ищIын папщIэ.
  3. Мы Унафэм къэру егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.

 

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Нобэ

♦ЦIыхухэр зэхуэмыгъэдэным пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ

♦Тутын емыфэным и дунейпсо махуэщ

♦ЛъакъуэрыгъажэкIэ къызэдэжэн спорт лIэужьыгъуэм и дунейпсо махуэщ. I868 гъэм Париж и Iэгъуэблагъэм дунейм щыяпэу щекIуэкIащ лъакъуэрыгъажэкIэ къызэдэжэнымкIэ зэхьэзэхуэ.

♦Урысей адвокатурэм и махуэщ

♦Урысейм и МВД-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэхэм я махуэщ