XIX лIэщIыгъуэр щиух илъэсхэм хиубыдэу, нэхъ пыухыкIауэ жытIэмэ, 1895 гъэм, щIэмкIэ накъыгъэм и 7-м, Санкт-Петербург дэт технологие университетым и егъэджакIуэ, инженер Попов Александр а лъэхъэнэм хузэфIэкIар дуней псом и къэхъугъэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. И IэдакъэщIэкIым теухуауэ абы мыпхуэдэу жиIэгъащ: «Токым и къарур къэбгъэсэбэпурэ, мы Iэмэпсымэр адэкIи ебгъэфIакIуэмэ, сыт хуэдэ макъри дэнэ щIыпIэкIи щыбгъэIуфынущ».