Календарь событий

31 июля 2022

Нэмысыр зыгъэнэхъапэ

Хабзэ хъуауэ, илъэс къэс бадзэуэгъуэм и кIэухым ди къэралым щагъэлъапIэ Дзэ-Тенджыз флотым и махуэр. Ар Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ ягъэу­вауэ щытащ 2006 гъэм. Абы лъандэрэ а махуэр Iэтауэ ягъэ­лъапIэ Дзэ-Тенджыз флотым къу­лыкъу щызыщIахэм, ноби къалэн езыхьэкIхэм, ар зи гъащIэр епхауэ псэухэм. 

Си бысым гумащIэ, гум имыхуж цIыхуфI

Мы тхыгъэр «сэ» цIэпапщIэр хэмытуи схуэтхынут. Уи хамэ хуэдэу уатепсэлъыхьыну мурад пщIыми, зи ахърэтыр нэху хъун Афэмгъуэт Хъалилрэ а лIы махуэм и пщIэр ихъумэу и бынхэм нобэ яхэс Лейлэрэ яхуэфащэ псалъэ къыпхуэгъуэтынущ. Ауэ нэкIэ слъэгъуамрэ тхьэкIумэкIэ зэхэсхамрэ гукIэ зыхэсщIахэр ящIымыгъумэ, мыхьэнэ зиIэ гуэр сIэщIэкIынкIэ согузавэ. 

Тэубичэ Сонер: «Зэпымыууэ си гум жиIэрт: «Сэ зы махуэ гуэрым згъэзэжынущ!»

Тыркум къиIэпхъукIыжри, Хэкур зригъэгъуэтыжащ, унагъуи щыхъужащ Тэубичэ Сонер. Фэм, пхъэм, гъущI зэ­мы­лIэужьыгъуэхэм елэжь Iэп­щIэ­лъапщIэщ.

Iэппыш Бибарс:Iэмал имыIэу адыгэбзэкIэ унэм дыщыпсэлъэн хуейт

ИлъэсийкIэ узэIэбэкIыжмэ, Сирием къиIэпхъукIыжа адыгэ щIалэ IэпэIэсэ, егъэджакIуэ, му­зыкант Iэппыш Бибарс адэжь Хэкум къигъэзэжу къы­зэрытхэзэгъэжар гуапэщ. Ар Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэфIэкI зиIэ щIалэщ. ЩIэныгъэм и мызакъуэу, абы лъэпкъ щэнхабзэми хэлъхьэныгъэ ­хуещI, адыгэ IуэрыIуатэр едж, цIыхубэ уэрэдыжьхэр егъэзащIэ, пасэм ажэгъафэхэм къа­гъэ­сэбэпу щыта нэкIуIуп­хъуэхэр егъэхьэзыр.

КъызэрыкIуэжам щыхущIегъуэжа къэхъуакъым

Я унэ бжэIупэм къыщыспежьа Мамдухьрэ гуфIэжу пэшым сыщIэзыша Сихьэмрэ слъэгъуа иужь, зэуэ мыращ сигу къэкIар: абыхэм ядэнт хэхэсу къэнэну, я бынхэм адыгэбзэ ямыщIэну, лъэпкъым хамыгъэзэгъэжу?!