|
Календарь событий
07 июля 2022
7 июля, 2022 - 21:01
Къыщалъхуа ХьэтIохъущыкъуей жылэжьми Бахъсэн щIыналъэми пщIэрэ щIыхьрэ щызиIэ цIыхущ КIурашын Алий Iэмырбий и къуэр. Илъэс 5I-кIэ лэжьыгъэ IэнатIэм пэрытащ ар. Абы щыщу илъэс 45-р егъэджэныгъэ Iуэхум тыхь хуищIащ. Алий лэжьащ егъэджакIуэу, школ унафэщIым и къуэдзэу, еджапIэм и директору. А зэманым къриубыдэу, шэч хэмылъу, егъэджэныгъэ IэнатIэм абы хэлъэныгъэфIхэр хуищIащ, гъащIэ гъуэгуанэм и лъагъуэ пэжым тригъэувахэри куэд мэхъу.
7 июля, 2022 - 18:00
«Терек-Олимп» спорткомплексым и алэрыбгъухэм иджыблагъэ зыкъыщагъэлъэгъуащ къэралым и щIыпIэ 23-м къикIа самбисти 120-м нэблагъэ. Абыхэм яхэтакъым спортым и мастерым и кандидатым и зэфIэкIым нэхъ мащIэ зиIэ.
СССР-м спортымкIэ и мастер Пэнагуэ Къазбэч и фэеплъ зэхьэзэхуэм зэхуишэсат Урысей Федерацэм самбэмкIэ нэхъ щылъэрызеехьэхэр. Хэлъагъи 8-м щызэпэщIэта дэтхэнэми, бжьыпэр иубыдмэ, Iэмал иIэт спортым и мастерым и мардэр игъэзэщIэну.
7 июля, 2022 - 17:55
Май къалэм дэт тхыдэ-лъахэхутэ музейм мэкъуауэгъуэм и 28-м щекIуэкIащ тхакIуэ Опрышкэ Олег щагъэлъэпIа зэIущIэ.
«ХъугъуэфIыгъуэм я нэхъ лъапIэр – цIыхуфIым удэуэршэрынырщ», - жиIэгъащ зэгуэр франджы тхакIуэ де Сент-Экзюпери Антуан. Нобэрей ди зэIущIэм а псалъэхэр дигу къыщIигъэкIыжар ахэр зыхуэпхьыфыну ди хьэщIэрщ. Шэч хэмылъу, дэ зэманышхуэ догъэкIуэд къыдбгъурысу псэу цIыху къызэрымыкIуэхэр дымыцIыхуу. ЛIыхъужьыр Iэмал имыIэу щIыпIэ жыжьэм щыпсэун хуейуэ къытфIощI».
7 июля, 2022 - 17:30
Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым иджыблагъэ щиуха зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ а гупыр зыбгына Ивановэ и «Тесктильщик»-м и гъуащхьауэ Мэшыкъуэ Хьэчим Дон Iус Ростов и СКА-м хыхьащ.
2014 гъэм Хьэчим топ джэгу иным къыхыхьащ. Абы къыщыщIидзащ зыщигъэса «Спартак-Налшыкым». АрщхьэкIэ мыгувэу Мейкъуапэ и «Дружба»-мрэ Песчанокопскэм и «Чайка»-м къыщыхутащ. НэгъуэщI щIыпIэхэм и насып къыщимыкIыщауэ, Мэшыкъуэ Хьэчим Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжащ.
7 июля, 2022 - 15:06
Адыгэ къафэм и щIыхьыр яIэту сыт щыгъуи утыку итщ «Кабардинка» къэфакIуэ гупым хэт щIалэгъуалэр. Абыхэм ящыщщ зэщхьэгъусэхэу КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Куэтэншы Русланрэ Каринэрэ (Щоджэнхэ япхъущ).
7 июля, 2022 - 15:06
Агънокъуэ Лашэ (и цIэ дыдэр Адэлджэрийт, ауэ и анэр ЛашэкIэ еджэурэ, абы къытенат) Уэсмэн и къуэр I85I гъэм Дохъушыкъуей къуажэм къыщалъхуащ.
7 июля, 2022 - 14:41
Макъамэу зыхэпщIэфынущ тхьэмпэм я щхъыщхъ макъри, уэшхри, толъкъунри, цIырцIырхэмрэ пкIауэхэмрэ я макъри, бзум и уэрэдри… Дунейр къызэрыунэхурэ цIыхум къыдэгъуэгурыкIуэ макъщ ахэр. Дауи, макъхэр зэхуэмыдэу зыхещIэ цIыхум. Уафэгъуагъуэ уэшхым игъэгузавэмэ, бзухэм я бзэрабзэ макъым гупсэхугъуэ кърет.
Иджыри дунейм къытемыхьэ щIыкIэ цIыхум зэхех и анэм и гум и къеуэкIэр, зэрыбауэр. Дунейм къытохьэри, макъ бжыгъэншэхэм я дунейм къыхохутэ. Макъыу зэхихым щыщхэр къигъэIужынуи иужь йохьэ.
7 июля, 2022 - 10:35
«Шым уришэсыну, бгылъэ щIыпIэхэмрэ мэз Iувхэмрэ кърищыпкIухьыну цейм къыпэхъун щыIэкъым. ПщампIэ зытемылъ, зи бгъэр зэгуэха фэилъхьэгъуэр бгым деж зэв щохъуж, ауэ зауэм урихэтыфын хуэдэу абы Iэпкълъэпкъыр имыкъузу щытщ: Iэщхьэхэр быхъущ, кIэщIщ. Цейр адрейхэм къахэзыгъэщыр данэ кIапсэ псыгъуэкIэ къадыхь бгъэгущталъэхэрщ. СэмэгумкIэ щыIэхэм гыныгъуэхэр иралъхьэ, ижьымкIэ - дыд, фэдэн, нэгъуэщI Iэмэпсымэхэр».
7 июля, 2022 - 08:36
Нобэ
Урысейм къыщызэрагъэпэщащ мэзхэр кхъухьлъатэхэр къагъэсэбэпурэ хъумэным хуэщIа IэнатIэ
Осетие Ищхъэрэ - Аланием щагъэлъапIэ Республикэм и махуэр
Японием щагъэлъапIэ Лъагъуныгъэм и махуэр
1687 гъэм Ньютон Исаак къихутащ дунейм зыщIэзышэ къару зэрыхэлъыр.
1918 гъэм Советхэм Екатеринодар (иджырей Краснодар) щрагъэкIуэкIа съездым унафэ къыщащтащ Кавказ Ищхъэрэ республикэ къызэгъэпэщыным теухуауэ.
|