|
Календарь событий
05 июля 2022
5 июля, 2022 - 14:43
Налшык къалэм и ЦIыхубзхэм я советым и унафэщI Дыджэш Лидиерэ бын куэд зыпI унагъуэ зыбжанэрэ Тэрч къалэм дэт музейм иджыблагъэ щыхьэщIащ.
Къэбэрдей-Балкъэрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси I00 щрикъум, Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ Iэужьым и илъэсым хуэгъэпсауэ къызэрагъэпэща зэIущIэм щIэблэм я къэкIуэнум, ахэр щагъасэкIэ нэхъыбэу гулъытэ зыхуащIыпхъэу къалъытэ Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьащ абы.
5 июля, 2022 - 13:42
(Ущие зыхэлъ тхыгъэ)
Бегъымбарымрэ зы лIыжь цIыкIурэ гъуэгу зэдытехьащ. Бегъымбарым и къэлътмакъым зы щIакхъуэрэ бдзэжьей цIыкIуитIрэ илът, лIыжь цIыкIум и ейм - щIакхъуитI. «ДетIысэхынщи, зыдгъэпсэхунщ, тIэкIуи дедзэкъэнщ», - жаIэри къэувыIащ. Бегъымбарыр псыхъуэм дыхьэри, шэджагъуэ нэмэзыр ищIыну тIысащ. ЛIыжь цIыкIум, бегъымбарыр къэтыху, и къэлътмакъым илъыр зригъэщIащ. «Ей-ехь, мыбы зы щIакхъуэщ иIыгъыр, си зы щIакхъуэр лейуэ хэзгъэкIуэдэнкъым», - жиIэри, и щIакхъуитIым языр псынщIэу ишхыжащ.
5 июля, 2022 - 12:39
ЦIыхум зыпэрыт IэнатIэр фIыуэ илъагъумэ, абы ехъулIэныгъэ щиIэнущ, пщIэи къыхуихьынущ. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэщ Шэджэм район сымаджэщым нэм щеIэзэ и къудамэм и дохутыр, Налшык къалэ дэт Республикэ клиникэ сабий сымаджэщым консультанту щыIэ, ЩIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым дохутырхэмрэ медсестрахэмрэ лекцэ къахуеджэ Балъкъэр Щамил.
5 июля, 2022 - 12:37
Бахъсэн къалэ дэт «Юность» стадионым щекIуэкIуэкIащ «Юг-2022» 2010-2011 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм регбимкIэ академием и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэ. Ар хуэгъэпсауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 зэрырикъум.
Зэхьэзэхуэм хэтащ КъБР-м и командищ, Дагъыстэным щыщ командитI, Ростов областым, Ставрополь крайм, Ингушым къикIа командэ зырыз. Зэпеуэм и хьэщIэ лъапIэу щытащ Бахъсэн къалэ администрацэм и лэжьакIуэхэр, регбист цIэрыIуэхэр, КъБР-м регбимкIэ и федерацэм хэтхэмрэ регбимкIэ«Юг» академием и лIыкIуэхэмрэ.
5 июля, 2022 - 12:00
Хьэжнэгъуей ФатIимэ и анэшхуэм (Пщыунэ ФатIимэт пэщIэдзэ классхэм щIэсхэр илъэс куэдкIэ иригъэджащ) и деж къыщыщIэдзауэ егъэджакIуэ IэщIагъэр унагъуэм къадогъуэгурыкIуэ. И анэ Пекъу ХьэIишэти илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ биологиемкIэ егъэджакIуэу мэлажьэ.
5 июля, 2022 - 11:34
Севастополь къалэм дзюдомкIэ и федерацэм и саугъэтхэр къэхьыным ехьэлIа урысейпсо зэхьэзэхуэ мы махуэхэм екIуэкIащ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ псоми къикIа зи ныбжьыр илъэс 18 иримыкъуа спортсмен 200-м нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ зэхьэзэхуэм щыбэнащ дзюдоистих. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм пашэныгъэхэр щаубыдащ Байрамкулов Алим (кг 50), Уэзы Iэдэм (кг 55-рэ), Дер Айдэмыр (кг 73-рэ) сымэ. Дыжьын медалхэр зыIэрагъэхьащ Бер Русланрэ (кг 50) Абдулаев Салимрэ (кг 66-рэ). Атэбий Тамерлан (кг 46-рэ) ещанэ увыпIэр иубыдащ.
5 июля, 2022 - 11:00
Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм пэрытхэр сыт хуэдэ зэманми ялъытэу, пщIэ хуащIу къекIуэкIащ, медицинэм цIыху гъащIэм щиIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдэщи. А IэщIагъэм ирилажьэхэр зыпэрыт Iуэхум хуэпэжу, жэуаплыныгъэр зыхащIэу, цIыхугъэ лъагэ яхэлъу щытыпхъэщ сытым дежи. Я псэемыблэж лэжьыгъэм, Iэзагъышхуэм, гумащIагъэм къахуихьащ жылагъуэм щаIэ фIылъагъуныгъэмрэ пщIэмрэ.
5 июля, 2022 - 10:52
Ратиани Мурман илъэс 30-кIэ тхыдэ щыхьэтхэр зэхуихьэсу Кавказыр къызэхэзыкIухьа куржы тхакIуэщ. 20I9 гъэм зи япэ томыр (ар тхакIуэр дунейм ехыжа нэужь, ипхъу Мзия нигъэсри къыдигъэкIащ) традза тхылъыр теухуащ XIX-XX лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм псэуа кавказ абрэджхэм.
5 июля, 2022 - 10:00
Лэжьэрейм и дунейпсо махуэщ
Армением и Конституцэм и махуэщ
Аргентинэм щагъэлъапIэ Сабийхэм я махуэр
Тыркумэным и хеящIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
Венесуэлэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. Америкэ Ипщэм Испанием щиIа колониехэм ящыщу Венесуэлэращ щхьэхуит хъуным и Iуэху япэу зезыхуар икIи I8II гъэм ар абы къехъулIащ.
Брянск, Калугэ, Новгород областхэр къыщызэрагъэпэща махуэщ (1944 гъэм)
1829 гъэм Урал щIыналъэм и къухьэпIэмкIэ Урысейм щыяпэу налмэс зыщIэлъ щIыпIэ къыщагъуэтауэ щытащ.
5 июля, 2022 - 09:41
Дэ фIыуэ дыщыгъуазэщ сабэм. Уеблэмэ, ди Iэпэгъущ. Сыт хуэдизрэ ди пэшхэр, лъэгухэр дымыгъэкъэбзами, сыхьэт бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу къытрехьэж. ЦIыхур куэд щIауэ сабэм пэщIэтщ, уеблэмэ абы Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуегупсыс. Псалъэм и хьэтыркIэ, сабэщыпыр епщыкIубгъуанэ лIэужьыгъуэм и пэщIэдзэм къежьащ. Ар бахъэкIэ зекIуэ мафIэгум ещхьт. Апхуэдизу Iэуэлъауэшхуэ ищIырти, хэбгъэзыхьмэ унэ кIуэцIым щIашэ хъуртэкъым. Езыр кърашэкIырт шитI зыщIэша гу щхьэхуэкIэ. Бжьамийхэр щхьэгъубжэхэмкIэ е бжэхэмкIэ далъэфырт. Пэжу апхуэдэ Iэмэпсымэхэр зиIэр закъуэтIакъуэт.
5 июля, 2022 - 09:00
«Диктатор» псалъэм фIы къикIыркъым, ар зыфIащахэри тхыдэм къызэрыхэнэр бзаджэнаджэущ. Апхуэдэ лъэужь къигъэнащ зи гугъу фхуэтщIыну цIыхуми.
Чили къэралыр куэдым къыщытщIар 1962 гъэм абы и командэр футболымкIэ дунейпсо чемпионатым дыдейхэм 2:I-уэ къытекIуа иужькIэщ. Ар ди гум щIыхьат. Зэман дэкIри, тщыгъупщэжащ къэхъуари езы къэралри.
|