Календарь событий

12 июля 2022

Нобэ

Сурэттехым и дунейпсо махуэщ 
ЦIыхухэр къызэрырашэкI кхъухьлъатэхэм я бортпроводникхэм я дунейпсо махуэщ
Белоруссием и налог IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
1590 гъэм
Саратов къалэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
1641 гъэм Астрахань хъаныдзэм Балъкъ и деж щригъэкIуэкIа зауэм хэкIуэдащ Къундет зэшхэр – Чэлимэтрэ Елдаррэ.
1783 гъэм Бытырбыху къыщызэIуахащ Театр Иныр, иужькIэ Мариинскэ цIэр зыфIащыжар.

Лъэпкъ лIыхъужь икIи епцIыжакIуэ

 Апхуэдэ къэхъурэ? Лъэпкъ лIыхъужьыр иужькIэ епцIыжакIуэу къыщIидзыну? Къохъу, ауэ власть нэхъыщхьэр зыIэщIыхьахэм япэ итахэр щагъэулъийхэм деж.Ауэ нобэ дэ зи гугъу тщIынур абыхэм ещхькъым. Франджым и маршал Петен мазэ бжыгъэ фIэкIа дэмыкIыу лIыхъужьым икIри, псоми зи цIэр зэхахыну хуэмей епцIыжакIуэм хуэкIуащ.
ЛIэщIыгъуэм и Iыхьэ плIанэм нэскIэ Петен франджыхэм я къегъэлакIуэу, зэрыгушхуэ цIыхуу, лъэпкъ лIыхъужьу къекIуэкIащ. Ауэ зэуэ псоми хьэIупс ящIа бзаджэнаджэ хъуащ. Сыт щхьэкIэ?

СыткIи щапхъэщ

 Израилым ис адыгэхэр сыткIи щапхъэщ щыпсэу къэралым щызекIуэ хабзэхэм хуэпэжу зэрыщытымкIэ. Абыхэм Израилыр ефIэкIуэным хуащI хэлъхьэныгъэр мащIэкъым, апхуэдэуи ар бийм щыхъумэнымкIэ яIэ зэфIэкIри цIыкIукъым. Ар къыхагъэщ Израилым и къулыкъущIэхэм. Иджыпсту а къэралым зыхъумэжыныгъэмкIэ и дзэми, полицэми, шынагъуэншагъэмкIэ къулыкъущIапIэми щыIэхэм я процент 95-р адыгэ цIыхухъухэращ. 
Кавказым къикIыу Палестинэ жыжьэм

Адыгэпсэ

IуахущIафэ дахэрэ акъыл жанкIэ адыгэ щIалэгъуалэм къахэувахэм ящыщщ Мэшыкъуэ ФатIимэ. Ар къулыкъущIэ ныбжьыщIэщ - федеральнэ налог къулыкъущIапIэм республикэм щиIэ и IуэхущIапIэм налогхэмкIэ и инспекторщ, пшынауэщ.

СурэтыщIым и гупсысэхэр

КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием хэт, Къандур И. и цIэкIэ щыIэ дунейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэща Црым Руслан и лэжьыгъэхэр Москва «СТАНБЕТ» галереем щахъумэ, и гъэлъэгъуэныгъэхэр Налшык, Сыхъум, Владикавказ, Москва, Санкт-Петербург къалэхэм, США-м, Иорданием, Финляндием, Инджылызым, Германием, Эстонием щекIуэкIащ. Художникым и гупсысэкIэр, зэрызиужьар, и дуней еплъыкIэр тфIэгъэщIэгъуэну жиIахэм пычыгъуэхэр къыхэтхащи, фыщыдогъэгъуазэ. 

«ФIыуэ зэрылъагъухэм я чэщанэ»

Налшык паркым ит чэщанэм и теплъэм сыт щыгъуи цIыхухэр дихьэхыу щытащ. Ар I867 гъэм ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIэхъущыкъуэ пщым иригъэщIауэ щытащ, курыт лIэщIыгъуэхэм зэраухуэу щытам хуэдэу.

Къалэкум ит «бэзэр щхъуантIэр»

Налшык Горький Максим и цIэр зезыхьэ и жыг хадэм пэмыжыжьэу иIэ, къалэкум хуэзэ «бэзэр щхъуантIэр» къалэдэсхэми зыплъыхьакIуэхэми фIыуэ яцIыху.
ЕрыскъыхэкI, Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къыщыпщэхуфынущ мыбы, уеблэмэ республикэм щыпсэухэм лъэпкъ щэнхабзэр къызыхэщ хьэпшыпхэри мымащIэу щыбгъуэтынущ. Бэзэрым и дыхьэпIэр ягъэдахэ Мэзкуу къалэм дэт ВДНХ-р уи нэгу къыщIэзыгъэувэ, мывэм къыхэщIыкIа пкъохэр зыщIэт аркэм, скульптурэхэм.

Щхьэц телъэщIа

ГукъэкIыж
Радиокомитетым сыщылажьэу, си ныбжькIи еуэ-езгъэшхыу лIыкуфIым себэкъуауэ, ауэ чыцIыбжьэри фIэмыкIыпауэ жозыгъэIэ гуэрхэри къытхэнауэ, бжьыхьэу Тэрч адрыщI мыIэрысэпыч колхоз гуэрым дашащ. Я районти, езы ди Iэтащхьэ Дыду дыдэри тщIыгъут. Пхъэщхьэмыщхьэ хадэ бэвым дыдихьэхри, зэхьэзэхуэнри къытхэхъыжьауэ еткъутэкIыу дыздыхэтым, махуэ уэфI хъарзынэм жьапщэшхуэкIэ зыкъызэкъуихри, жыгхэр къиудыныжу щIидзащ. ДызылъэмыIэсу жыг щхьэкIэм къыпына мыIэрысэ нэхъ нэфIэуфIэхэр къытхуезыгъэщэщэх жьым фIыщIэ хуэтщIурэ дылажьэрт.

Лъэцэр Хьэзрэт и илъэс 65 лъагапIэр

Нобэ и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу дзюдомкIэ дунейпсо чемпион, Континентхэм я кубокыр тIэунейрэ къэзыхьа, Европэм плIэнейрэ щытекIуа, Совет Союзми апхуэдизрэ щынэхъ лъэща, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Лъэцэр Хьэзрэт. Ар къыщалъхуари къыщыхъуари Адыгейм хыхьэ Къэзаныкъуей къуажэращ.