ЗэрытщIэщи, лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ IэщIагъэхэр нэхъ зи пщэрылъу щытар цIыхубзырщ. Унагъуэм къихъуа хъыджэбзыр зыхуамыгъасэ, зыхуамыгъэIущ щыIэу щытакъым. Адыгэ унагъуэм къихъуа цIыхупсэр IэфIу пщафIэрт, дзапэ уэрэдкIи благъэхэр игъэгуфIэрт, мэлэчыпхъухэм я хъарыби зэIуищэрт. ЗыхуэмыIэзэ щымыIэу къагъэхъу дахэр и чэзум щынэсым езым бгъэдэлъ фIымкIэ гуашэрт. Нобэ си псэлъэгъу хъыджэбзыр и зэфIэкIкIэ, и Iуэху зехьэкIэкIэ «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм къыддогуашэ. Ар Щоджэн Лианэ Арсен и пхъурщ. Малкэ къуажэм къыщалъхуа пщащэм и цIэр фIыкIэ жыжьэ Iуащ.