Календарь событий

06 июля 2022

Зратахэмрэ къызытрахыжахэмрэ

 СССР-м Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьыр щыхуагъадэрт Совет Союзым и ЛIыхъужьым. Апхуэдэу къекIуэкIащ, блэкIа лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм пщIондэ. Зэи сщыгъупщэжынукъым си къуажэгъу, Сталиным и цIэр зезыхьэ колхозым и жэмыш Пащты Салимэ Iэтауэ ягъэлъэпIауэ зэрыщытар. Iуащхьэмахуэ метр бжыгъэкIэ и лъагагъым хуэдиз (метр 5633-рэ) шэ литру жэм къэс къыщIэзыша Салимэ Москва и Кремлым яшэри, и бгъэм дыщэ вагъуэр къыщыхалъхьауэ щытащ.

Нобэ

Къэзахъ Республикэм щагъэлъапIэ я къалащхьэ Астана и махуэр I997 гъэм Къэзахъстаным и парламентым унафэ къищтащ я къалащхьэр Алма-Ата ирахыу Акмола (иджы абы зэреджэр Астанащ) яхьыным теухуауэ.

Бажэмрэ дыгъужьымрэ

Iуэтэж

ЗэрыджэкъуэкIэ зэджэ къуэ кIуэцIым куэд лъандэрэ зы бажэжь цIыкIу щыпсэурт. Бажэ псори хьилэшыщ, дырийпсырийщ, пцIыIуэпцIышэщ. Ауэ мыр зыми хуэмыдэжу бзаджэт, езым нэхърэ нэхъ къарууншэхэр щIигъэIэрт.

Гъуэгу бгъуфIэ хъуа лъагъуэ угъурлы

УФ-м и Президент Путин Владимир мы махуэхэм хэIущыIу зэрищIамкIэ, къэкIуэну гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу щыщытынущ ди къэралым. 

Фэ дауэ феплърэ?

Дэтхэнэ газетри газет зыщIыжыр абы и щIэджыкIакIуэхэрщ. Ар жыдэзыгъэIэ, и гупсысэхэмкIэ журналистхэм ядэгуэшэну щIэх-щIэхыу къытхуеблагъэ Абазэ Хьэсэн нэхъыбэу зэрытцIыхур адыгэ тхыдэм щыцIэрыIуэ пщы Ридадэ и тхыдэм гулъытэ егъэлея зэрыхуищIымкIэщ. 

ЩIыналъэм и зэхэлъыкIэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр

Аранэ - къуршым и нэхъ лъагапIэ дыдэ, бгы лъагэм и щыгу. 
Бгыжьэ - бгы дурэш зэв. «Бгыжьэм и лъабжьэр кIыхьу, кууэ щIэупщIыкIат». (Шортэн Аскэрбий, «Бгырысхэр»). 
БгыщIэ - бгы лъапэ.
БгъуэщI - бгы нэкIум и щIэдзапIэ Iыхьэу мэз, хъупIэ сытхэр нэхъ зыхуэзэр.
Губгъуэшэкъракъ - зыри щымыпсэу, къэкIыгъэ щIагъуи къыщымыкI губгъуэ нэщI.

ЦIыху IэпщIэлъапщIэ

 Ди щIыналъэм нэхъ IэпэIэсэу исхэм ящыщщ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Мэстафэ Вячеслав.

Ядэтлъэгъуа лIыгъэр дгъэщIэгъуащ

Ди адэ шыпхъум и къуэ нэхъыжь Уэлджыр Зауррэ сэрэ Адыгейм и ипщэ лъэныкъуэмкIэ дыкIуат.

ПщIэжрэ?

Пщэдджыжьым автобусым сису лэжьапIэм сыкIуэрт. 

ЦIыхубзыр ди нобэм

Бзылъхугъэхэр дунейм и телъыджэ еянэу къэзылъытэхэр щыIэщ. Унагъуэ жьэгур хъумэным, гурыщIэ къабзэхэм, щабагъэм къыхуигъэщIауэ щытми, дуней псом тет цIыхубзхэр зэщхькъым, умыгъэщIэгъуэнкIэ плъэмыкIыуи къаруушхуэ зыбгъэдэлъхэр абыхэм яхэтщ.

И ехъулIэныгъэм гу щимыхуэу

Нобэ къыщалъхуа махуэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм дыщэ хьэрфхэмкIэ иратха шы спортымкIэ олимп чемпион Рогожин Сергей. Псэужатэмэ абы и ныбжьыр илъэс 66-рэ ирикъунут