|
Календарь событий
20 июля 2022
20 июля, 2022 - 17:55
Къурш лъагэхэр зэмызэгъыр цIыхухэм я закъуэкъым, абы щыпсэу псэущхьэхэми яхэтщ уз зэмылIэужьыгъуэхэр къызэуалIэ. Псалъэм папщIэ, бгылъэ щIыпIэхэм къыщыхъу мэл щIэжьейхэр мымащIэу жьэн узым щиубыд щыIэщ. Ауэ псэущхьэхэми цIыхухэми я Iэпкълъэпкъыр бгы лъагэм щытепщэ дуней щытыкIэм хуэм-хуэмурэ йосэж. Аращ къущхьэдэсхэм я лъым кислород нэхъыбэ, тафэхэм щыпсэухэм етлъытмэ, щIызэщIишэр, абыхэм я бгъэхэмрэ ягухэмрэ нэхъ ин щIэхъур, я лъынтхуэхэр щIэнэхъ пIащэр.
20 июля, 2022 - 17:23
Къэбэрдей – Балъкъэр Республикэр илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэу Бахъсэн щIыналъэми игъэлъэпIэнущ езым и илъэсищэр. Мы махуэхэм къагъэщIэрэщIащ район гъунапкъэр, къэзыгъэнаIуэ пхъэбгъушхуэхэр щIыналъэм и картэр.
А щIыпIэм пхыкI федеральнэ гъуэгуитIыр гъэ псом туристхэм я зекIуапIэщ. Картэм къыщыгъэлъэгъуащ Бахъсэн къалэм щыщIэдзауэ Бахъсэн аузым нэсыху ахэр зыхуеинкIэ хъуну унэтIыныгъэхэр.
20 июля, 2022 - 16:44
Ди лъэпкъ щэнхабзэм и тхыдэм цIыхубэ творчествэр къыхэпхыжмэ, ямылейуэ куэд къанэркъым, жыжьэ дыди кIуэцIрыкI хуэдэкъым. КъыщIэмынэр зыщ – тхыбзэм и тхыдэр зэкIэ зэрымылIэщIыгъуэрыбжэращ. ИтIанэми, а куу дыдэу къыпфIэмыщIын тхыдэми уи гур хэзыгъэхъуэн Iэджи хэлъщ.
20 июля, 2022 - 15:06
Ебланэ мазэ июлыр Цезарь Юлий и цIэм епхащ. А мазэм дзэпщ цIэрыIуэм и цIэр фIащащ, Цезарь дунейм ехыжыным зы илъэс иIэу.
Адыгэхэм мы мазэм щхьэкIэ цIывыгъуэ мазэ, иныкъуэм дежи бадзэуэгъуэ жаIэрт. Мы тIури зэхьэлIар Iэщ зехуэныр арат. Ди зэманым адыгейхэми къэбэрдейхэми къагъэсэбэпыр бадзэуэгъуэ псалъэращ. Сирием, Иорданием, Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри аращ а мазэм зэреджэр.
Бадзэуэгъуэ – бадзэ – уэ – гъуэ «самый жаркий период лета». Мы псалъэ къэхъукIэр куэдрэ адыгэбзэм къегъэсэбэп (еплъ «мэкъуауэгъуэ»).
20 июля, 2022 - 15:02
Урысейм и телеканалхэм щытлъагъу зэпытщ ныкъуэдыкъуагъ зыбгъэдэлъ, узыфэ хьэлъэм иубыда сабийхэм ахъшэкIэ дадэIэпыкъуну дыкъыхуезыджэ нэтынхэр. Ахэр ягъэхъужын папщIэ зыхуеину хущхъуэгъуэхэмрэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ ямылейуэ лъапIэщ, унагъуэм хуэмыгъэкъэрууэ. Ауэ щыхъукIэ, апхуэдэ зэфIэкI ин зиIэ центрхэм я нэхъыбэр здэщыIэр нэгъуэщI къэралыгъуэхэрщ.
20 июля, 2022 - 14:41
Урыс уэрэджыIакIуэ щэджащэ Шаляпин Федор (1873 - 1938) гъэ къэс Мин-воды зыщигъэпсэхуу щытащ. 1917 гъэм ар Нартсанэ къэкIуати, абы щыгъуэ Налшыки кърагъэблэгъат.
20 июля, 2022 - 12:55
Теплъэгъуэ
МышхуэфI Хьидхэ Iэджэ щIауэ зэрахуэ я жэм бжьэкIэрэф къуэхужьым, пщыхьэщхьитI-щы япэкIэ Iуэм яхуимыхьэжу, хьэблэ псор хьэзаб хигъэтащ. Ар яфIэгъэщIэгъуэну, цIыкIуи ини къеувэкIауэ хьеуаным зэрызищIым еплъырт.
- Мыжь, мыжь, - жиIэурэ Хьид, лIы гъум фIыцIэ цIыкIур, жэмым и гъуэбзиикIэм башкIэ мащIэу теуIуэрт. Къуэхужьыр, зрилъэфыхьурэ, Iуэ ихьэпIэм екIуалIэрт, итIанэ, бжэм и щхьэр зэрынэсу, фIалъэкIэ щIым теуэрти, псы пэгун зытракIам хуэдэу, лъэныкъуэкIэ зридзэкIырт, иужь итхэр кIий-гуоуэ къызэхинэрти, щIэпхъуэжырт…
20 июля, 2022 - 12:43
Хьэлэмэтыр матэм илъщ, гъэщIэгъуэныр гъуанэм исщ, жытIэу щытащ дыщысабийм щыгъуэ. А псалъэхэм къарыкIыр и кIэм нэсу къыщыбгурыIуэр хьэлэмэтым е гъэщIэгъуэным урихьэлIа иужьщ, дауи. Матэм илъыр къипхыфынущ, и лъащIэми улъэIэсыфынущ, ауэ гъуанэм лъабжьэ имыIэнкIи хъунущ…
20 июля, 2022 - 11:34
Зиххэр адыгэ лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Ахэр ди эрэм ипэкIэ I лIэщIыгъуэмрэ ди эрэм и V лIэщIыгъуэмрэ Кавказ Ищхъэрэ-КъухьэпIэ лъэныкъуэм щыпсэуащ. Ауэ языныкъуэ еджагъэшхуэхэм зэратхыжымкIэ, VI лIэщIыгъуэм псэуа зиххэм тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм щIыналъэшхуи щаIыгъащ.
***
20 июля, 2022 - 11:12
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щэнгъасэмкIэ, психологиемрэ спорт щIэныгъэхэмкIэ и институтым и магистрант Мошурэ Анастасие иджыблагъэ Мэзкуу щекIуэкIа, «Вернандский» зи фIэщыгъэ Урысейпсо студент зэгухьэныгъэм и I Хэгъэгу еджэныгъэхэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ.
20 июля, 2022 - 10:35
Нобэ
Шахматхэм я дунейпсо махуэщ. I966 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ, I924 гъэм а махуэ дыдэм Париж Дунейпсо шахмат федерацэр (ФИДЕ) къызэрыщызэрагъэпэщам тращIыхьауэ.
Тортым и дунейпсо махуэщ
Къыргъызстаным и Лъэпкъ гвардием и махуэщ
Колумбием и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. I8I0 гъэм Богота къалэм цIыхухэр къыщызэрыIэтащ, Испанием къыгуэкIыу къэрал щхьэхуит хъуныр къагъэуву.
|