Календарь событий

02 июля 2022

Дыбэлэрыгъ хъунукъым

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ «КБР-Медиа» Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэмрэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр я дэIэпыкъуэгъуу ирагъэкIуэкIащ терроризмэм­рэ экстремизмэмрэ зэрыпэ­щIэт хъыбарегъащIэ Iэмалхэм, щIалэгъуалэр мыхъумыщIагъэм димыхьэхынымкIэ СМИ-м я къалэнхэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ. 

Адыгэ пщащэм и зэфIэкI лъагэр

Мы махуэхэм ди къэралым и щIыналъэхэм щокIуэкI щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэта щIалэгъуалэм абы щы­хьэт техъуэ тхылъхэр (дипломхэр) щратыж гуфIэгъуэ зэIущIэхэр. 

ХьэщIэхэр ирагъэжьэж

Ди газетым зэрытетащи, мэкъуауэгъуэм и кIэхэм ­Адыгэ Республикэм и махуэхэр Къэ­бэрдей-Балъкъэ­рым гу­къи­нэ­жу щекIуэ­кIащ, абы и къэ­ралыгъуэр илъэси 100 зэры­рикъумрэ Урысейм ис лъэпкъ­хэм я щэнхабзэ хъу­гъуэ­фIыгъуэхэм я гъэу мы илъэсыр зэрагъэувамрэ я щIыхькIэ (Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Шэшэн республикэхэм 2022 гъэм ягъэлъапIэ я къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­ры­рикъур). 

УхуэныгъэщIэхэр яубзыху

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ УФ-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Файзуллин Ирекрэ Москва щрагъэ­кIуэ­кIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ ухуэныгъэм зэрызрагъэужьынум, «Жи­лье и городская среда» лъэпкъ проектым хыхьэ федеральнэ про­граммэхэр зэрагъэзащIэм, апхуэдэуи коммунальнэ IуэхущIапIэхэр къэгъэ­щIэрэщIэжыным епха упщIэхэм.