Щэнхабзэ

Щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я хъумапIэ

Тхыдэ гъэщIэгъуэн, ехъулIэныгъэ инхэр зиIэщ Налшык дэт Лъэпкъ лъахэхутэ музейр. 

Салазар Антониу папщIэ газет

 Салазар Антониу дунейпсо тхыдэм ткIиягъкIэ къыхэна тепщэхэм язщ. «Диктатор» - узыIурыIэбэ мыхъуну унафэщI еру. Дауэ иджыри а псалъэм и мыхьэнэр къызэрыбгъэлъэгъуэнур? «Езым фIимыгъэжар хьэрэмщ», - жаIэ адыгэхэм. Апхуэдэ тепщэ зыбжанэ щыIащ XX лIэщIыгъуэм и пэм, ауэ Салазар нэхърэ нэхъ зэкIуэцIылъ абыхэм яхэмытауэ хуагъэфащэ. Абы игъэхъа псом зэкIэ и Iуэху зетхуэркъым. НобэкIэ зи жэуап къэтлъыхъуэр зы упщIэщ.

ЕхъулIэныгъэхэр

Бэрбэч Аскэр, уэрэджыIакIуэ:
Адыгэ унагъуэшхуэм сыкъыхэкIащ сэ. ЗэрыжаIэщи, лIэужьыр бжьиблкIэ мауэ, си анэшхуэ Марие удэзыхьэх макъ дахэ иIэу щытащ. СызэрыцIыкIу лъандэрэ сэри уэрэд жыIэныр зыхэслъхьэ щыIэтэкъым. Абы гу лъита иужь, си адэм япэщIыкIэ Бахъсэн къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щылажьэ студием, итIанэ Музыкэ школым сритат.
Си япэ ехъулIэныгъэ хъуащ «Кавказ Ищхъэрэм и дыщэ макъ» щIыхьыцIэр къыщысхуагъэфэща «Бон Ами» зэпеуэм Налшык сызэрыщытекIуар. Абы къыкIэлъыкIуащ урысей, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм къыщысхьа текIуэныгъэхэр.

Тхьэгъэлэдж Светланэ и дамэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артисткэ Тхьэгъэлэдж Светланэ нобэ ди псэлъэгъущ.
 Иужьрей зэманым уиIа ехъулIэныгъэхэм, зыIэрыбгъэхьа лъагапIэщIэхэм теухуащ си япэ упщIэр.

Лъэпкъыр зэрыгушхуэ щIэныгъэлI

ЩIэныгъэлI нэскIэ узэджэ ­хъунур зи дуней еплъыкIэкIэ къызэрымыкIуэу, зыпэрыт IэнатIэм дихьэхарэ ихъуреягъкIэ щекIуэкI гъащIэри зи щIэщы­гъуэ, абы жыджэру хэт цIыхурщ, бгъэдэлъ щIэныгъэ куур, зэ­фIэкI лъагэмрэ щэн екIумрэ а псоми щIыгъужу. Бэрбэч Хьэ­тIутIэ и цIэр зезыхьэ КъБКъУ-м и лэжьакIуэ нэхъыжьхэм ящыщ Мэшыкъуэ Нуралий апхуэдэ лъэпкъ еджагъэшхуэхэм халъытэ. Ар УФ-м щIэныгъэмрэ техникэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьакIуэщ, химие щIэныгъэхэмкIэ докторщ, КъБКъУ-м и профессорщ.

Налшык къалэр зыгъэдахэхэр

«Навеки с Россией» монументыр Налшык къалэкум итщ. Ар 1957 гъэм ягъэуващ Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум ирихьэлIэу. Куэдым зэращIэщи, 1557 гъэм кавказ лъэпкъхэм ящыщу япэу адыгэхэращ Урысей къэралыгъуэм гухьар. 

Таурыхъым и дуней

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ музейм щIэх-щIэхыурэ утыку къыщрахьэ гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр. Ставрополь къалэм щылажьэ «Квадрат» IуэхущIапIэм къиша «Волшебная кисть Елизаветы Бём» гъэлъэгъуэныгъэр КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ Лъэпкъ музеймрэ я нэIэм щIэту йокIуэкI.    

КъурIэным хуит ищIыжахэр

 Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я щыхьэр Дубай щызэрахьэ хабзэхэм язщ лъэхъуэщым ис щIэпхъаджащIэхэм КъурIэн лъапIэр гукIэ зэрагъащIэмэ, тезыру ятелъ илъэс бжыгъэр зэрыхухагъэщIыр. 
 Лъэхъуэщым ис нэрыбги II5-м я тезырым мазихым щегъэжьауэ илъэс 20-м нэс хухагъэщIащ. КъурIэн лапIэм щыуагъэншэу еджэу ирагъэса нэужь, тутнакъи I24-м къэпщытэныгъэхэр тест IэмалкIэ ирагъэтыжри, хэт и илъэс бжыгъэм хухагъэщIащ, хэти къаутIыпщыжыпащ. Зи гугъу ящI цIыхуи I24-м ящыщу II5-м гукIэ зэрагъэщIа сурэ бжыгъэм елъытауэ, я Iуэхум хэплъэжахэщ. 

СурэтыщI IэужьыфIэ

И IэдакъэщIэкIхэмкIэ ди щIыналъэми абы и гъунапкъэхэми къыщацIыхуа, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Хьэжу Руслан къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу.
Ар 1932 гъэм Тэрч къалэ къыщалъхуащ.

ЩэнхабзэмкIэ унэр къагъэщIэрэщIэж

Аруан щIыналъэм хыхьэ Аруан (Мысостей) къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэр щаухуар 1970 гъэрщ. Абы лъандэрэ цIыхухэм я нэгузегъэужьыпIэу, зыузэщIыпIэу щыт унэм зэзыгъэпэщыж икIи къэзыгъэщIэрэщIэж лэжьыгъэ зыри щекIуэкIакъым.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ