|
Щэнхабзэ
26 июля, 2022 - 16:59
Адыгэ хабзэр, адыгагъэр лъэпкъыр зы зыщI, зэщIэзыубыдэ, зэщIэзыIыгъэ Iуэхугъуэшхуэ дыдэу щытащ.
25 июля, 2022 - 08:39
Щыхьэт сызытехъуэ Iуэхугъуэхэм ящыщ зыщ Дзэлыкъуэ куейм хиубыдэ щIыналъэр хъугъуэфIыгъуэкIэ зэрытыгъэр. Апхуэдэ фIыгъуэм и курыкупсэр зыхухэсх цIыхухэм ящыщщ Аслъэн Iэсият. Ар уэрэджыIакIуэщ, зыми емыщхь уэрэджыIакIуэщ. Абы и макъ жьгъыру дахэр щигъэIукIэ, ухуей-ухуэмейми, къару лъэщ гуэрым уеубыд, уеутхыпщI, Iейр псори пщегъэгъупщэри, моуэ-щэ, гъащIэ щIэращIэм и курых уохъу.
24 июля, 2022 - 11:47
Гум фIэфI зэштегъэупIэ хуэдэу къыщIидзэу, хьэпшып гъуэтыгъуейхэр зэхуэхьэсыныр IэщIагъэ зыхуэхъужа Тхьэкъуахъуэ Iэуес сыт щыгъуи щIэщыгъуэу дыхешэ дамыгъэхэм я дунейм.
22 июля, 2022 - 15:18
Макъ сызэриIэм гу къылъатэри сыхагъэхьауэ школым и хорым сыхэтащ, уеблэмэ солистуи сыщытащ. Районым щекIуэкI зэпеуэхэм дыкIуэрэ япэ увыпIэхэр къэтхьу уэрэд жытIэрт. ИужькIэ Музыкальнэ училищэм и дирижёр-хоровой къудамэм сыщеджащ. I97I гъэм сыхыхьащ Музыкэ театрым и хорым, илъэсиплI дэкIри абы и солист сащIащ.
22 июля, 2022 - 14:46
Ди тхыдэм уриплъэжмэ, зэман-зэманкIэрэ абы къыхэкIащ зи цIэр фIыкIэ жыжьэ нэIуса цIыху куэд. Абыхэм яхэтащ зауэлI хахуэхэмрэ дзэпщ IэкIуэлъакIуэхэмрэ, политик Iэзэхэмрэ хэкулI щыпкъэхэмрэ, лъэпкъыр фIым хуэзэным щIэбэн узэщIакIуэхэмрэ лъэпкъыбзэм и IэфIыр щIым и гулъым хуэдэу къэзыгъазэ усакIуэхэмрэ. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ КIыщокъуэ Пщымахуэ и къуэ Алими – усакIуэ икIи прозаик щэджащэр.
22 июля, 2022 - 14:20
КъБР-м и Лъэпкъ музейм мы махуэхэм къыщызэIуахащ «Къуршхэмрэ тафэхэмрэ я къуэ» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэ. Ар теухуащ СССР-м, Къэзэхъстан Республикэм я политикэ икIи жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, агропромышленнэ, джэдкъаз гъэхъун Iуэхухэм я лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ икIи а IэнатIэм илъэс 50-м щIигъукIэ пэрыта Жангуразов Ибрэхьим Даут и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум.
22 июля, 2022 - 14:00
Лъы дэуейм (гипертоние) цIыху куэд егъэщхьэжагъуэ. Къапщтэмэ, илъэс къэс дуней псом цIыху мелани 7 абы щолIыкI, мелуан I5-р хьэлъэу егъэсымаджэ.
ЦIыху гъащIэр кIэщI зыщIу къалъытэ узыфэхэм хабжэ лъы дэуейр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абы нэхъыбэу къыхокI инфарктыр, инсультыр. КъызэралъытэмкIэ, гу-лъынтхуэ узыфэхэр къэзыгъэхъейр аращ.
22 июля, 2022 - 13:18
Сызэрысабий лъандэрэ усэ сотх, жьы сыхъуху дунейм къытезмыгъэхьа щхьэкIэ. Зэи музыкант сыхъуну си гугъакъым, ауэ зэриухам сыфIэкIакъым. 1959 гъэм Музыкэ училищэм сашэри сыщIагъэтIысхьащ, абы и ещанэ курсым сыщеджэу Тхьэгъэзит Зубер и псалъэхэр зыщIэлъ «Си гъатхэ» япэ си уэрэдыр стхащ.
22 июля, 2022 - 13:00
Си адэ шыпхъум и къуэ, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и художественнэ унафэщI Фырэ Руслан Москва щеджэу, я художественнэ унафэщI Калиновский Леонидрэ абы и щхьэгъусэмрэ Налшык къэкIуат загъэпсэхуну. Абыхэм сыкъафэу, уэрэд жысIэу сыкъыщалъагъум, школакIуэ хъыджэбз цIыкIум схэлъ гуэрым гу лъатагъэнти, курыт еджапIэр къызэрызухыу Москва актёр IэщIагъэм сыщыхуеджэну къызжаIат. АрщхьэкIэ сэ абы куууэ сегупсысакъым, сIэщIэхужари зыхуэIуа щыIэтэкъым.
22 июля, 2022 - 10:11
Адыгэ хабзэкIэ зэджэм ныбжьышхуэ зэриIэр нарт эпосым къыхощ, абы и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр, нарт хъыбархэр щыхьэт зэрытехъуэщи, пасэ дыдэу къежьащ, пасэрей адыгэхэм - синдхэм, меотхэм, керкетхэм, зиххэм я деж щызэфIэувэри лIэщIыгъуэ кIыхь Iэджэм къыщхьэдэхащ, ефIакIуэу, заузэщIу, щIэблэхэм щапхъэрэ бзыпхъэрэ яхуэхъуу.
Страницы
|