Щэнхабзэ

Макъамэр къару хуэхъуу

УэрэдкIэ цIыхухэм ягу удыхьэн папщIэ макъ телъыджэ уиIэнри мащIэу къыщIэкIынущ. Гуапагъэ, хуабагъэ гуэр къыпкъырыкIын хуейщ уэрэджыIакIуэм. И IэщIагъэм и гурэ и псэрэ хузэIухащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Макъамэ театрым и уэрэджыIакIуэ Бэрэгъун Марианнэ. Тэрч районым хыхьэ Плановскэ къуажэм къыщалъхуа бзылъхугъэм зэрысабийрэ уэрэд жыIэным гупыж хуиIэщ. МакъамэмкIэ Тэрч къалэ щыIэ еджапIэм ар фортопианэм щыхуеджащ, Налшык къыщиухащ макъамэ училищэр. 

Шэшэн республикэм и цIыхубэ артист Апэнэс Астемыр

Мэкъуагъуэм и 25-м Шэшэн республикэм и къэрал филармонием щекIуэкIащ КъБР-м щыщ уэрэджыIакIуэ Апэнэс Астемыр хухэха концерт. Гъунэгъу республикэр гуапэу къызыIущIа ди лъэпкъэгъур ягъэгуфIащ «Шэшэн Республикэм и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр къызэрыфIащамкIэ. Абы щыхьэт техъуэ дэфтэрыр Апэнэсым къыIэщIилъхьащ Шэшэн республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Кадыровэ Айшэт. 

Нэгъаплъэ Аскэрбий и лэжьыгъэщIэ

Нэхъ пасэу и гугъу фхуэтщIауэ щытащ Абхъаз республикэм щыщ Джапуа Батал и проекткIэ пасэрей адыгэ-абхъаз кхъухь зэфIагъэувэжауэ зэрыщытам. Хъыбар щыIэщ адыгэхэм я щэнхабзэм теухуауэ документальнэ фильм зыбжанэ зыгъэува Нэгъаплъэ Аскэрбий ар и лэжьыгъэщIэм хигъэхьауэ. 
Абхъаз щIыналъэм хыхьэ Рицэ гуэлым щытрех Нэгъаплъэм и иджырей фильмыр. Адыгэхэм я дзэ хуэIухуэщIэхэр, уэркъ щэнхабзэр Урысейм щыпсэу цIыхубэм я нэгу къыщIигъэхьэн щхьэкIэ зэлэжь иджырей теплъэгъуэми хэтынущ КъБР-м фIыуэ къыщацIыху тхыдэдж Мэрзей Аслъэнбэч. 

ТхылъымпIэр дахагъэу

ТхылъымпIэми скульптурэ къыхэпщIыкI мэхъу, телъыджэрэ узэрагъэплъу. 

Зэкъуажэгъут, зэгъунэгъут

1990 гъэ лъандэрэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ музейм и унафэщIщ ЩакIуэ Марьянэ. 

ШэджыхьэщIэ Марьянэ:Къафэм цIыхур куэдым хуегъасэ

«Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и солисткэ, адыгэ пщащэ тхьэIухуд  ШэджыхьэщIэ (Чыл) Марьянэ ущыIуплъэкIэ тхакIуэ цIэрыIуэхэм я бзэм IэфIу телъыр зыхужаIэ адыгэ пщащэм и теплъэрщ плъагъур.

Жамырзэ Фелицие :Сызэрыадыгэр дэни щыжызоIэ

Дунейр зытхьэкъуа адыгэ пщащэхэм ящыщщ «20I3 гъэм Австралием и тхьэIухуд» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэща Жамырзэ (Джамирзе) Фелицие.

И гур адыгагъэм хузэIухат

Адыгэ литературэмрэ щэнхабзэмрэ я тхыдэм КIурашын БетIал и цIэр къыхэнащ литературэдж гумызагъэу, критик гъуэзэджэу. Абы щIэныгъэ хъарзынэ зригъэгъуэтащ, къэбэрдей пединститутыр къиуха нэужьи езыр-езыру еджэн зэпигъэуакъым. 

Унаплъэ

Хабзэм щыщ Iыхьэхэр
Унаплъэ кIуэну зи гугъэхэм Iэмал зэриIэкIэ ар хэIущIыIу зэрамыщIыным пылът, ауэ бзылъхугъэ зэрыс унагъуэм Iуэхур щIэуфэпа щыхъуртэкъым, лъыхъуми унаплъэ щыкIуэнур жраIэртэкъым. КъыжыIапхъэщ, унаплъэ кIуэнухэм Iыхьлы гъунэгъу, бзылъхугъэ зэрыхамыгъэхьэр. Хъыджэбзыр къэзылъхуахэм дзыхь зрагъэз, цIыху пэж, къажэм дэсхэм пщIэ зыхуащIт а Iуэхур зи пщэ иралъхьэр, лIищ-плIы хъууэ ежьэрт.

ЩIэи гъуни зимыIэ арджэныр

Лъэпкъхэм къадэгъуэгурыкIуэу, абыхэм я напщIэм телъу щыта хьэпшып, Iуэхугъуэ куэд ди гъащIэм хокIуэдыкIыж. Абыхэм я пIэм нэгъуэщIхэр зэманым зэрыригъэувэм къыхэкIыу, хуэм-хуэмурэ ахэр къамыгъэсэбэпыж, зыщIу щыта IэпщIэлъапщIэхэри нэхъ мащIэ мэхъу. ИужькIэ гъащIэм и архъуанэм ирехьэри, зэгуэр дахагъэм, къабзэлъабзагъэм, узыншагъэм и пщалъэу щыта унэщIэлъынхэр, хьэкъущыкъухэр, хьэпшыпхэр къимыгъэзэжыну мэбзэхыж. Ар я натIэ хъуащ Iэджэм, щIэблэм уеупщIкIэ щыIауи ямыщIэу, уеблэмэ къэна псалъэ къудейм и мыхьэнэр жыжьэуи къагурымыIуэу. А лейр къытохьэ арджэнми…

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ