Щэнхабзэ

Артисткэ цIэрыIуэр ящыгъупщэркъым

Псэужамэ, шыщхьэуIум и 23-м и ныбжьыр илъэс 98-рэ ирикъунут КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шортэн Даниткэ. 

Коваленкэ Кирэ и фильмыщIэм теухуауэ хъыбарыщIэ зыбжанэ

«IэштIымхэр щызэрыпхкIэ» зи фIэщыгъэ, КъБР-м щыщ режиссёр Коваленкэ Кирэ и фильмыр фокIадэм и 25-м щы­щIэдзауэ Урысейм и киногъэлъэгъуапIэхэм къыщатынущ.

Iуэху щхьэпэм куэд зэхуишэсат

Республикэм и Прохладнэ куейм и утыку нэхъыщхьэм «Армия-2021» урысейпсо дзэ-техникэ форум махуищкIэ щекIуэкIащ. Абы къы­зэхуишэсат республикэм щыпсэу куэд.

«Псалъэ» - къалэдэсхэм адыгэбзэ щызрагъащIэ хэщIапIэ

Налшык къыщызэIуах щIалэгъуалэ зэхуэсыпIэ гъэщIэгъуэнхэм язщ иджыри къэс хуэфэщэн гулъытэ зыхуэдмыщIа «ХъыбарыфIхэр» («Good ­stories») зыфIэзыщыжа тхылъ тыкуэныр.

Театрым и тхыдэм щыщ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр игъэбжьыфIэрэ адыгэ лъэпкъым набдзэ хуэхъуу, илъэс 80-м щIигъуауэ мэлажьэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрыр.

Адыгэ сурэтыщI цIэрыIуэхэу Пащты зэадэзэкъуэр гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэм яIущIащ

Хабзэ дахэ зэрыхъуащи, зи зэфIэкIрэ зи гуащIэрэ цIыхубэм я пащхьэ изылъхьэ гъуазджэ лэжьакIуэхэм ирагъэкIуэкI гъэлъэгъуэныгъэхэм иужькIэ я IэдакъэщIэкIхэм дихьэххэм зыIуагъэщIэж, я гугъэмрэ мурадхэмкIэ ядогуашэ, зытет дунеймрэ зыхэпсэукI гъащIэмрэ ехьэлIауэ кърат упщIэхэм я жэуапхэр иратыж.

КъэзыцIыхуу щытахэм ящыгъупщэркъым

Скульптор Iэзэ Уэзы Заурбэч 1931 гъэм Налшык къалэм къыщалъхуащ. I958 гъэм абы къиухащ Саратов дэт художественнэ училищэр. Абы щыщIэдзауэ РСФСР-м и Художественнэ фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм скульптору щылэжьащ. I974 гъэм Урысейм и художникхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ.

Пащты Герман Налшык щагъэлъапIэ

УФ-м и цIыхубэ, КъБР-м щIыхь  зиIэ я сурэтыщI, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, ЩIДАА-м и академик, Красноярск КсилографиемкIэ щыIэ школым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI, профессор Пащты Герман и ныбжьыр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу творческэ пшыхь иджыблагъэ къыщыхузэрагъэпэщащ Налшык дэт «Акрополь» уардэунэм.

Гулджан къызыхэкIар зэи щыгъупщэркъым

Тырку Республикэм щыцIэрыIуэ уэрэ­джы­IакIуэ Алтан (Бэгъущэ) Гулджан (Gulcan) и цIэр зэхэзымыха зы адыги щыIэу къыщIэкIын-къым. Иджыпсту псоми тIэщIэлъ гаджетхэр сэбэп мэхъу ди лъэпкъэгъухэм хамэ къэралхэм щаIэ псэукIэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ къэт­щIэнымкIэ. Гулджан Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым иджыблагъэ кърилъхьа видео теп­лъэгъуэм иджыри зэ ди гур хигъэхъуащ. Адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа ныбжьыщIэ цIы­кIухэр щIыгъуу адыгэ уэрэдхэр концертым щыжиIащ.
 

Коваленкэ Кирэ и фильмыщIэр фокIадэм къагъэлъэгъуэн щIадзэнущ

 Сокуров Александр Налшык щригъэджа режиссёр щIалэгъуалэм щыщ Коваленкэ Кирэ и «IэштIымхэр щызэрыпхкIэ» фильмыр Урысейм къыщагъэлъэгъуэнущ. 

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ