Пащты Герман Налшык щагъэлъапIэ

Пшыхьхэр

УФ-м и цIыхубэ, КъБР-м щIыхь  зиIэ я сурэтыщI, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, ЩIДАА-м и академик, Красноярск КсилографиемкIэ щыIэ школым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI, профессор Пащты Герман и ныбжьыр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу творческэ пшыхь иджыблагъэ къыщыхузэрагъэпэщащ Налшык дэт «Акрополь» уардэунэм. «Лэжьыгъэ къыхэхахэр» фIэщыгъэм щIэт и альбомыщIэм и лъэтеуви хъуат.
ГуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIат сурэтыщI цIэрыIуэхэр, творчествэм и цIыхухэр, Герман и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ.
Пшыхьыр къызэIуихри иригъэкIуэкIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
Герман и зэфIэкI лъагэм, цIыхугъэм, лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэм теухуауэ абы къыщыпсэлъащ КъБР-м и цIыхубэ артист, композитор цIэрыIуэ, усакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Бещтокъуэ Хьэбас сымэ, нэгъуэщIхэри.
- Пащты Герман хузэфIэкIащ щэнхабзэр, дахагъэр фIыуэ зылъагъу псори зэкъуигъэувэн, зэришэлIэн. Абы дахагъэр и Iэпэгъу къудейкъым, атIэ цIыхухэм я пащхьэ екIуу, гуимыхужу ирелъхьэ. КъызэрымыкIуэу фIыуэ долъагъу, пщIэ худощI. УзэрыдиIэм дрогушхуэ, - жиIащ министрым Герман зыхуигъазэу. 
Лъэпкъ щэнхабзэм, Пащтым и лэжьыгъэщIэхэм, ди республикэм и цIыху зэфIэкIыбэхэм теухуа псалъэмакъ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ зэIущIэм.

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: