Щэнхабзэ

Лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр ягъэбыдэ

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ фондым иджыблагъэ къыщызэIуахащ «Букет дружбы» фIэщыгъэм щIэт лъэпкъ щэнхабзэм и фестиваль.

Нэгъуч Джанболэт и гъэсэнхэр япэ итщ

 «Шапсыгъ  щIыналъэ»,  «Туапсе  хъыбарыщIэхэр»  газетхэм  щыгъуазэ  дащI  фокIадэм  и  3-м  Японием  щекIуэкIа  ДзюдомкIэ ныбжьыщIэхэм  я   зэхьэзэхуэм   Урысейм  щIыхь  зиIэ  и  тренер Нэгъуч  Джанболэт  и  гъэсэнхэу  Нэгъуч  Къазбэчрэ  Владимировэ  Дарьерэ  ехъулIэныгъэ  къагъэлъагъуэу  зэрыхэтам. 

Адыгэ театрыр зэрыгушхуэхэр

    ДыщэкI КIунэ, ТIыхъужь Алий, Сонэ Мухьэрбий… Ахэр УФ-м и цIыхубэ артистхэт, егъэлеиныгъэ лъэпкъ хэмылъу «цIыхубэм ейт». А цIэ-унэцIэхэм иджыри зыбжанэ къыпыпщэ хъунущ, Адыгэ лъэпкъ театрыр иригушхуэу, я гуащIэ хэмылъу а IуэхущIапIэр уи нэгу къыпхущIэмыгъэхьэу. ПщIэшхуэ зыхуэтщIын, щIэх-щIэхыурэ дигу къэдгъэкIыжын хуей а артист гъуэзэджэхэм я гугъу пщIыну тыншкъым. Сыту жыпIэмэ «фIыщ» жыпIэ къудейкIэ зэфIэкIыркъым, атIэми, псалъэр къомэщIэкI абыхэм ябгъэдэлъа зэчийр кърибгъэлъэгъуэну.

ЩIэблэр ягъасэ

Шэджэм районым щекIуэкIащ «ЩIэпхъэджагъэ здэщымыIэ дунейм дрителъхьэщ!» щIалэгъуалэ форумыр. Абы и лэжьыгъэм хэтащ щIыпIэ администрацэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, диным и лэжьакIуэхэр, спорт зэгухьэныгъэхэм хэтхэр, районым и щIалэгъуалэр.
НыбжьыщIэхэр ирагъэдэIуащ терроризмэм пэщIэтыным ехьэлIа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм, узыншагъэр хъумэным, лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъын хуей зэгурыIуэныгъэм, гущIэгъум, ныбжьэгъугъэм, гулъытэм ятеухуа псалъэмакъхэм.
Илъэс къэс екIуэкI зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэщ Шэджэм щIыналъэм терроризмэм пэщIэтынымкIэ щыIэ комиссэр.

 

ГъущIо зэщхьэгъусэхэр

Залымрэ Сюзаннэрэ «Кабардинка»-м и къэфакIуэ пажэхэм ящыщщ.
Сюзаннэ къэфакIуэ гупым 2006 гъэм щегъэжьауэ хэтщ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым актёру щеджа иужькIэ а IэщIагъэм къигъэув Iуэхугъуэ гуэрхэр хузэфIэмыкIыну къыщилъытэм, хореографиемкIэ иунэтIыжащ. 

Режиссер IэкIуэлъакIуэхэр

    Режиссер пщэрылъ гугъум хуэIэкIуэлъакIуэ, зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр щыIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым. Апхуэдэщ спектакль куэд лъэпкъ театрым и сценэм щызыгъэувахэу, актерхэм я гъуэгугъэлъагъуэ пажэхэу, зи IэдакъэщIэкI купщIафIэхэмкIэ зыдэлэжьахэми гъуазджэм и лэжьакIуэхэми я гум къинахэу, театрым и режиссер нэхъыщхьэу илъэс зыбжанэкIэ лэжьахэу  Ерчэн Леонидрэ Теувэж СулътIанрэ. Къыхэгъэщыпхъэщ ахэр щылэжьар ди лъэпкъ театрым зэримызакъуэр.

ЛIэщIыгъуэм и щыхьэтхэр

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм иджыблагъэ къыщызэIуахащ «ЛIэщIыгъуэм и щыхьэтхэр» фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэ.

Артисткэ цIэрыIуэр ящыгъупщэркъым

Псэужамэ, шыщхьэуIум и 23-м и ныбжьыр илъэс 98-рэ ирикъунут КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шортэн Даниткэ. 

Коваленкэ Кирэ и фильмыщIэм теухуауэ хъыбарыщIэ зыбжанэ

«IэштIымхэр щызэрыпхкIэ» зи фIэщыгъэ, КъБР-м щыщ режиссёр Коваленкэ Кирэ и фильмыр фокIадэм и 25-м щы­щIэдзауэ Урысейм и киногъэлъэгъуапIэхэм къыщатынущ.

Iуэху щхьэпэм куэд зэхуишэсат

Республикэм и Прохладнэ куейм и утыку нэхъыщхьэм «Армия-2021» урысейпсо дзэ-техникэ форум махуищкIэ щекIуэкIащ. Абы къы­зэхуишэсат республикэм щыпсэу куэд.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ