Щэнхабзэ

Уэрэд жыIэнми театрми зэфIэкI щызиIэ

Макъамэри къафэри зи псэм хэлъ, республикэ, урысейпсо, дунейпсо фестивалхэм я лауреат, оперэ, эстрадэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, бас-баритон лъэщ Молэ Артур ящыщщ республикэм исхэм гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ езыт, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщI артистхэм.

ТхьэIухудхэм я гуащэ Хъалис Кериман

1932 гъэм Бельгием щекIуэкIа ТхьэIухудхэм я япэ дунейпсо зэпеуэм  щытекIуа Кериман Халис Эдже Тамер  (1913 - 2012) 1913 гъэм мазаем и 16 Истамбыл къыщалъхуащ.

Саугъэтхэмрэ фIыщIэ тхылъхэмрэ

Егъэджэныгъэ IэнатIэм къэрал гулъытэ хэха зэригъуэтым и щыхьэтхэр  мащIэкъым. Абы адэкIи  зегъэужьыныр къапэщылъ  къалэн нэхъыщхьэхэм зэращыщыр я псалъэхэм мызэ-мытIэу къыщыхагъэщащ УФ-ми КъБР-ми я Iэтащхьэхэм. 

ЦIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа Шорэ Туркан

Тыркум щыщ кино, театр актрисэ цIэрыIуэ Шорай Туркан ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ къуажэм зи адэшхуэм и адэр дэкIыу Тырку пащтыхьыгъуэм къыщыхута Шорэхэ я къуэм и унагъуэм къыщалъхуащ.

Зэадэзэкъуэ IэпэIэсэ

 Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм  щагъэлъэпIащ  УФ-м и цIыхубэ, КъБР-м щIыхь ¬ зи¬Iэ я сурэтыщI, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, Худо¬жес-твэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, ЩIДАА-м и ¬ака-де¬мик, Красноярск Ксилогра¬фи¬ем¬кIэ щыIэ школым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI, профес¬сор Пащты Германрэ абы и къуэ,  КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Пащт-Хъан Алимрэ я творчествэр  фIыуэ зылъагъухэмрэ  изобразительнэ гъуазджэм дихьэххэмрэ я зэIущIэ.  

Зэманым декIу пасэрей хабзэ

Налшык дэт «Акрополь» уардэунэм  иджыблагъэ  щызэхуащIыжащ  «Зэныбжьэгъугъэ»  Iуэху дахэр.  

Тхьэмахуэ хъуауэ екIуэкI  проектым унагъуэ 18 хэтащ.  А дауэдапщэм къекIуэлIа  ныбжьыщIэхэр   зызэщамыгъэнщIу зэрызэбгъэдэсыр нэрылъагъут.

Балеринэм и гупсысэ

Дахэу, щабэу зелъатэ хьэндырабгъуэм ебгъэщхь хъунущ балетым къыщыфэ хъыджэбзыр. Ари а хьэндырабгъуэм хуэдэу Iэсэлъасэщ, пшэм лъапэпцIийуэ къыщикIухь фIэкI умыщIэну сакъщ. АбыкIэ щапхъэу диIэщ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м и Музыкэ театрым и къэфакIуэ пажэ Щэбэтыкъуэ Юлианэ.

Iэужьщ икIи лIэужьщ

ФокIадэм и 27-м, Адыгэ фащэм и махуэм пежьэу, Саралъп Мадинэ и Арт-центрым «Зы фащэм и хъыбар» (2 Iыхьэ) гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэIуахащ. Абы утыку къыщрахьащ Къуэжокъуэ Фенэ (ФатIимэт) зэрихьа бзылъхугъэ фащэхэмрэ пасэрей сурэтхэмрэ.

ШыIэныгъэр, зэныбжьэгъугъэр, зэгурыIуэныгъэр зи тегъэщIапIэ

Иджыблагъэ Татарстаным ще­кIуэкIа Муслъымэн кином и дунейпсо фестивалым хэ­тащ­ театрымрэ киномрэ я режиссёр цIэрыIуэ, Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIы­хь зиIэ и лэжьакIуэ Ем­кIуж­ Андзор.

Лъэпкъхэм я спорт лIэужьыгъуэхэмрэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ яхъумэ

Урысейм и Ипщэ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм щэнхабзэмрэ спортымкIэ я фес­тиваль иджыблагъэ Къры­мым щекIуэкIащ. Абы екIуу хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лIыкIуэхэри. 

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ