НОБЭ

Мазаем и 15, махуэку
Лышх узыфэр зэфыкI сабийхэм ядэIэпыкъуным и дунейпсо махуэщ
Урысей Федерацэмрэ Беларусь Республикэмрэ щагъэлъапIэ зи къалэн зыгъэзащIэу нэгъуэщI къэралхэм щыхэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъ махуэр
1960 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Композиторхэм я зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
1932 гъэм къалъхуащ япэ адыгэ сурэтыщI-скульптор Къалмыкъ Фёдор.
1940 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-мрэ КъШР-мрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Зумакулов Борис.
1951 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Шыдакъ Рашид.
1954 гъэм къалъхуащ Налшык къалэ дэт поликлиникэ №1-м и дохутыр нэхъыщхьэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Къаскъул Iэулият.
1970 гъэм къалъхуащ Израилым щыпсэу адыгэхэм ящыщ, щIэныгъэхэмкIэ доктор, Кавказымрэ Шэрджэс щIыналъэмрэ ятеухуа тхыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Хъун Яхья.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшхрэ уэсрэ зэхэту къешх-къесу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 2 - 3, жэщым щIыIэр 1 градус щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Узэфыгъуэ къыптокIуэ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ