Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
Гъатхэпэм и 5, гъубж Гаджетхэр гъэункIыфIауэ щыгъэтыным и дунейпсо махуэщ 1911 гъэм къалъхуащ КъШР-м и къэрал лэжьакIуэ, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату щыта, Къэрэшей-Шэрджэс автономнэ округым и Адыгэ-Хьэблэ щIыналъэм и унафэщIу лэжьа Къардэн Iэдэм. 1950 гъэм къалъхуащ полковник, жылагъуэ лэжьакIуэ, Израилым щыIэ Рихьэние къуажэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Гъыш Самир. 1953 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, ЩIДАА-м и академик Бэвыж Мухьэмэд. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 6 - 9, жэщым градуси 3 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ: Къэмыфэфым пшынауэм трелъхьэ.